Top.Mail.Ru

Лъэпкъ Тхьэмадэм и псалъэ

Image description

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий: Лъэпкъыр зэкъуэгъэувэжынымрэ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ догъэнэхъапэ

Адыгэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэр – Дунейпсо Адыгэ Хасэр – къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ лъэхъэнэм къыдэкIуа гъэунэхуныгъэхэмрэ ятеухуа упщIэ зыбжанэкIэ иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

– Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэр къоблагъэ, Хьэутий. Ар техуащ махуэшхуитIым – ДАХ-р къызэры­зэрагъэ­пэщрэ илъэс 30 щри­къум­рэ адыгэхэм я Махуэмрэ.

– Пэж дыдэу, лъэпкъми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я дежкIэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэхэм хуэзащ иджырей зэхуэсышхуэр. Илъэс щэщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м, Налшык къыщызэхуэсат дунейм адыгэу тетым я лIыкIуэхэр. Зы илъэс ипэкIэ Голландием щекIуэ­кIат хамэ къэрал зыбжанэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр икIи, игъащIэм щымыIауэ, Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Конгресс Налшык щызэхашэну абы унафэ къыщащтэгъат. А зэхуэсышхуэм и Тхьэмадэу хахат Голландием щыпсэу, мы Iуэхур къезыхьэжьа Хьэткъуэ Фэтхьи. Арыххэуи, 1991 гъэм накъыгъэ мазэм и 19-20 махуэ­хэр адыгэ тхыдэм нэщыпхъуэр тезыха, лъэхъэнэщIэм и Iуэху­хэр убла щыхъуа махуэу лъэпкъ махуэгъэпсым хэуващ. Илъэси 127-рэ дэкIын хуеящ лъэпкъыр зэхыхьэфын щхьэкIэ.

Дунейпсо Адыгэ Конгрессыр зэрылэжьа махуитIым дунейм адыгэу тетыр зэкъуэзыгъэувэ ДАХ-р къигъэщIащ. Адыгэм и бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным икIи зегъэужьыным хуэгъэ­пса зэгухьэныгъэт ар. Лъэпкъым дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэт.

ДАХ-м и тхьэмадэу хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутат, абы и Комитетым и унафэщI, юридическэ щIэныгъэ­хэм я доктор, профессор Къалмыкъ Юрэ. ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэхэу хахащ Голландием щыщ Хьэткъуэ Фэтхьи, Къэбэрдейм щыщ МыкIытIей Абдулыхь, Иорданием щыщ Къардэн Самир, Тыркум щыщ МэшхуэфI Нэждэт сымэ. Дунейм адыгэу тетыр зэзыгъэуIу, и лъэпкъыбзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным хуэгъэ­за, зэкъуэтыныгъэмрэ зыщIыныгъэмрэ телажьэ япэ адыгэ ха­сэшхуэу къежьа ДАХ-м а къалэныр ноби егъэзащIэ, дяпэкIи а IэнатIэм пэрытынущ.

Адыгэхэм я Махуэр лъэпкъ махуэгъэпсым зэрыхэувэрэ куэд щIакъым. КъБР-м и Iэтащхьэм и Iэпэ щIэлъу 2014 гъэм шыщ­хьэуIум и 12-м къыдэкIа унафэм фокIадэм и 20-р адыгэхэм я Махуэр ди щIыналъэм щигъэнэхуащ. Ди блэкIар зыщыдмыгъэгъупщэныр, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэу илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъыр дымыгъэкIуэдыныр ди хьэкъщ, абы псалъэ хэлъ­къым. Апхуэдэу щыт пэтми, блэ­кIам дерс къыхэтхыу къэкIуэ­ным дытелэжьэн хуейщ. Къыт­щIэхъуэ щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэп­къыгуу къэгъэтэджыныр, дуней гупсысэ яIэу гъэсэныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщ. Дунейм тет адыгэ щIалэгъуалэр зэтшэлIэн, зэлъэдгъэIэсын, зы лъэпкъ къы­зэрыхэкIар я щхьэм иту гъунэгъу зэхуэтщIын хуейщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къащта адыгэхэм я Махуэр цIыхубэ махуэшхуи хъуа­щи, жыпIэну гухэхъуэщ.

ДАХ-м и XIII Зэхуэсышхуэр ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс щэщI щрикъум хуэзэу йокIуэкI. А зэманым къитIэсащ ДАХ-м и зэфIэувэнымрэ зыужьыныгъэм­рэ. Ди Хасэр нобэ дуней псом къыщащIэ, пщIэ зыхуащI адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу къалъы­тэ. ДАХ-р къэрал зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурызыгъаIуэ, зэзышалIэ, зэлъэзыгъэIэс лъэмыжщ, дунейпсо цIэрэ щхьэрэ зиIэ хасапIэщ. ДАХ-р урысейпсо икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм, Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэм япыщIащ, щIэгъэ­къуэни къыхуохъу.

– Хьэутий, иужьрей илъэсищым зи унафэ пщIа ДАХ-м и лэжьыгъэр дунейр зэщIэзыщта коронавирус уз зэрыцIа­лэм и гуащIэгъуэ дыдэм ири­хьэлIащ. ДАХ-м зыхуигъэувэжа къалэнхэр дауэрэ зэфIихыфа а зэман гугъум?

– Зэрыдунейуэ зэкIэлъымыкIуэж зыщIа а узыфэр ужьыхакъым, цIыхухэр нобэр къыздэ­сым хуиту зэхыхьэ хъуркъыми, щытыкIэр иджыри къызэрымыкIуэу гугъущ. ДАХ-м дежкIи тыншакъым иужьрей илъэситIыр. ЕдгъэкIуэкIын хуея лэжьыгъэм пандемием зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ. Языныкъуэ Iуэхугъуэ­хэр пэIудзауэ зэфIэтхащ. Ауэ, дауэ хъуми, къалэн зыщытщIыжахэр зэрыдгъэзэщIыным дыпылъащ. ДАХ-м и зэIущIэхэр Уставым къигъэув пIалъэхэм темыкIыу екIуэкIащ. Хасэм и Унэм къыщызэдгъэпэщ зэхуэсхэр хэгъэкIауэ, ди лъэпкъэгъуэхэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм дыкIуэрэ ди зэIущIэхэр щедгъэ­кIуэкIыу къыхэтлъхьати, ари IэщIыб тщIакъым. 2019 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм зи чэзу зэIущIэр Черкесск щызэхэтшащ, 2021 гъэм ар Мейкъуапэ щедгъэкIуэкIыну къыдэхъулIащ.

ДАХ-м и лэжьыгъэр щекIуэкI щIыналъэхэм къыщызэщIиIэтэр лъэпкъ интеллигенцэм и закъуэ­къым, атIэ абы къызэщIегъэушэ щIыпIэ унафэщIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, лъэпкъыр зыгъэгумэщI Iуэхухэм къахуригъэплъэкIыу. Апхуэдэхэщ адыгэ цIыху цIэрыIуэхэр къыщалъхуа махуэхэм, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэм, ди щIыналъэм щагъэлъапIэ махуэхэм ирихьэлIэу зэхашэ щIэныгъэ зэхуэсхэр, «Iэнэ хъурейхэр». ДАХ-м и жэрдэмкIэ 2020 гъэм щIышылэм и 30-м ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, ДАХ-м и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ теухуа фэеплъ пщыхьэщхьэ. ДАХ-р жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми щрагъэкIуэкI грант зэхьэзэхуэ­хэми. Къапщтэмэ, Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым и гъусэу ДАХ-м 2019 гъэм и шыщхьэуIу мазэм иригъэкIуэ­кIащ Адыгэ щIалэгъуалэм я дунейпсо форум. ДэркIэ щIы­хьышхуэт абы дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр, жылагъуэ лэжьакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрэ къызэрырихьэлIар.

Куэд мэхъу зэфIэдгъэкIахэр. Апхуэдэхэщ «ЦIыхубэ дипломатиер лъэпкъ зэхущытыкIэфIхэм я шэсыпIэщ», «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэщ» проектхэр, «Зэныбжьэгъугъэм и Хасэ» егъэджэныгъэ-щэнхабзэ форумыр, «Схуадами фащэр си пкъым хуэфIу, зэры-Кавказу ар хуэхъуащ…» гъэлъэгъуэныгъэр, нэгъуэщIхэри.

ДАХ-р шэщIауэ ядолажьэ къэрал, жылагъуэ IуэхущIапIэ куэдым. Лъэпкъ Iуэхум зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми къепха зы Iуэхугъуи гулъытэншэ зэрымы­хъуным дыхущIокъу, ар къыщы­хъур ди къэралырауи хамэ щIыпIэуи ирехъу.

– Хьэутий, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэн, адэжь лъахэм къешэлIэжын и лъэныкъуэкIэ сытхэр къехъулIа ДАХ-м иужьрей зэманым?

– А лэжьыгъэр сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыу имыIэу. УнэтIыныгъитIкIэ къызэгъэпэщащ ар: зыр – ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэным теухуащ; етIуанэр – Хэкум къэ­Iэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным хуэгъэпсащ.

Хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр но­бэкIэ цIыху 5000-м ноблагъэ. Сирием къыщалъхуахэм ящыщу Хэкум къихьэжащ цIыху мини 3-м щIигъу. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэ­пэщащ.

Къэзыгъэзэжахэр хэку гъащIэм нэхъ щIэх хэсыхьыжыным хуэунэтIауэ КъБР-ми АР-ми зэIущIэхэр, «Iэнэ хъурейхэр» щызэхашэ. Абыхэм кърохьэлIэ цIыхур лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным, Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къэралым щызекIуэ мардэхэм къызэритIэс хуэдизкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэри зымыгъуэт яхэткъым адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм.

ДАХ-р жыджэру хэтщ Хэкум къихьэжахэм я тхылъымпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным, къэралым щыIэну хуит зыщI тхылъхэр зэхуэхьэсыным, я бынхэр еджапIэхэм, гъэсапIэхэм гугъуехь къыхэмыкIыу къащтэным епха лэжьыгъэхэр зэфIагъэкI гъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм. Апхуэдэу Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щрагъэджыну курсхэр щIэх-щIэхыурэ къызыдогъэпэщ.

Мы зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу илъэсищым зи пашэу сыщыта ДАХ-м и Хасащхьэми гъэзэщIакIуэ гупми хэтхэм дэтхэ­нэми фIыщIэ яхуэсщIыну сы­хуейт. Псоми ди зэхуэдэ лъэпкъ Iуэхум ахэр гу къабзэ псэ къабзэу бгъэдэтщ, яхузэфIэкIи къа­мыгъанэу адыгагъэм толажьэ.

Апхуэдэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт КъБР, КъШР-м, АР-м я унафэщIхэми, дызыдэлажьэ къэ­рал къулыкъущIапIэхэми, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм хэт цIыху жыджэрхэми. ДАХ-м и лэжьыгъэм я нэIэ тету, сыт щыгъуи къытщIэупщIэу, ди Iуэху зыIутыр зэрагъащIэу, дызыхуэныкъуэмкIэ зыкъытщIагъакъуэу щытщи, Тхьэр арэзы къахухъу!

– Зэман тхухэпхыу укъызэрыдэпсэлъам щхьэкIэ, фIыщIэ пхудощI, Хьэутий. Адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэгъэпса фи мурадхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ!

Епсэлъар ТАБЫЩ Муратщ.