Top.Mail.Ru

Лъэпкъыр зыдэбжьыфIэ махуэ

Image description

Мы гъэм илъэс еянэ хъуауэ ягъэлъа­пIэ адыгэхэм (шэрджэс­хэм) я Махуэр. Гъэ къэси цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэу, Iуэхугъуэ нэхъыбэ къыщаIэту, щIэщы­гъуагъ халъхьэу респуб­ликэм и щIына­лъэхэм щрагъэ­кIуэкI ар. Апхуэдэ махуэшхуэм адыгэ лъэпкъым и цIэр жыжьэ зыгъэIуа, и хабзэм, щэнхабзэм, бзэм, тхыдэм, литературэм, псэукIэм зезыгъэу­жьа лъэпкъылI щэджащэхэр иджыри зэ ягу къагъэкIыж, музейхэм, библиотекэхэм, курыт еджапIэхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм гъэщIэгъуэн куэд щрагъэ­кIуэкI, псом нэхъыщхьэращи, нэхъыжьи, нэхъыщIи къызрихьэлIэ зэIущIэхэр жы­лэхэм щызэхашэ.

Адыгэхэм я махуэм лъэп­къым дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ абы зэрыщыгугъымрэ теухуа я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ ди лъэпкъэгъухэр: ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент:

— Адыгэм махуэ хэха иIэн хуейуэ къызолъытэ ди лъэп­къыр нэхъри зэкъуэувэн, псэкупсэ къэщIэрэщIэжыныгъэм хуэкIуэн, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм заужьын, анэдэлъхубзэр яIэщIэмыхун, хабзэмрэ щэнхабзэмрэ яхъумэн папщIэ. Апхуэдэ щхьэусыгъуэм къыхэкIыу а Iуэхур Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы зэхуэсым къыщыхэслъхьауэ щытащ сэ икIи абы хэтхэм къыз­даIыгъри, республикэ унафэщIым и пащхьэ итхьауэ щытащ. Фэ зэрыфщIэжщи, а зэманым, 2013 гъэм, КъБР-м и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрий фокIадэм и 20-р адыгэхэм (шэрджэсхэм) я Махуэу гъэлъэпIэным, ар зыгъэпсэхугъуэ махуэу гъэувыным къэрал унафэ трищIыхьри, Iэ щIидзауэ щытащ. Хуабжьу ди гуапэ хъунут, махуэшхуэм иIэ мыхьэнэри нэхъри щIигъэбыдэнут Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгэ Рес­публикэмрэ я Iэтащхьэхэми апхуэдэ унафэ ящIарэ, Iуэхум нэхъри зиубгъуамэ.

Адыгэбзэм, адыгэ бэракъым, адыгэ фащэм, адыгэшым, къэзы­гъэзэжахэм я Махуэ хэхахэр диIэщ дэ. Апхуэдэу иужьрей илъэсхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэсхэм унафэу къыщытхьащ Нарт эпосым и махуэ гъэувыныр. Мыхэр лъэпкъым и лъэр зыгъэбыдэщ, и пщIэр зыIэтщ. А псори къызэщIикъуэжрэ ди хъу­гъуэфIыгъуэ псори утыку къыщит­хьэу дреIэ адыгэхэм я Махуэр.

Щоджэн Iэминат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ:

— ФокIадэм и 20-м ди щIалэгъуалэр гушхуэу, ди ехъулIэныгъэхэр утыку къитхьэу, ди цIыху нэхъыфIхэр тIэту, диIэ фIыгъуэ­хэр дгъэлъагъуэу дызэхэтыныр я мураду ди нэхъыжьхэмрэ ди унафэщIхэмрэ кърахьэжьа Iуэхущ мыр.

Ди лъэпкъым и тхыдэ къуле­йм хуэдэ зиIэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж щыIэкъым, махуэшхуэ имыIэу. Дэри ди беягъым къыхэ­хъуащ а махуэр. Пэжщ, щыIэщ «адыгэм махуэ къэси ди ма­хуэщ, зы махуэкъым дыщыадыгэр» жызыIэ щIалэгъуалэ гупи. Апхуэ­дэхэм я Iуэху еплъыкIэр сэ ядэс­Iыгъыркъым. Пэжщ, фащэ щытщыгъын хуейри, бзэкIэ дыщыпсэлъэн хуейри, ныпыр щы­тIэтын хуейри зы махуэкъым. Дызэрыадыгэр тщIэжу, диIэ фIыгъуэм хуэфащэ пщIэр хуэтщIу дыкъэгъуэгурыкIуэн хуейщ махуэ къэси. Ауэ зы махуэ хэхам а псори къызэщIэткъуэрэ дызэдэгушхуэу дызэхэтмэ, сыт ягъэ екIын?!

А щIалэгъуалэ дыдэм яхэтщ, лъэпкъ Iуэху гуэрхэр къэралым къадимыIыгъыу жаIэу тхьэусы­хэхэр. Мыр унафэщIхэм къытхуа­гъэдахэу, къэрал унафэ щытращIыхьакIэ, псэлъэмакъ къыхамыгъэкIыу ягъэлъэпIэныр нэхъ къезэгъыу къызолъытэри, абы къыхузоджэ. Къапщтэмэ, дунейм адыгэу щызэбгрыпхъам я гуапэ мэхъу мы махуэр дызэриIэр. Сэ гу лъыстащ нэгъуэщI хэгъэгухэм, къэралхэм къикIыу къэкIуэфа ди лъэпкъэгъухэм я нэм къыщIих нурымрэ къэмыкIуэфхэр къызэрыхъуапсэмрэ.

Апхуэдэу гушхуэу адыгэр зэрызэхыхьэр куэд и уасэкъэ?! Къэбгъэлъагъуэмэ, сыт хуэдэ Iуэху къепхьэжьэми занщIэу и пIэ иувэркъым. Мыр зэрыдгъэлъапIэми Iэмал гуэрхэр етхьэлIэу нэхъ щIэщыгъуэ, нэхъ ин щIын хуейщ. Зы махуэ закъуэ мы­хъуу, зы тхьэмахуэкIэ фестивалхэр, концертхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, спорт зэхьэзэхуэ­хэр ебгъэкIуэкI хъунущ, мис абыхэм кърикIуахэр фокIадэм и 20-м къызэщIэткъуэжрэ гъэщIэгъуэну едгъэкIуэкIыу.

КIэщIу жыпIэмэ, ди махуэр махуэ щыхъунур ди щIалэгъуа­лэм дызэхащIыкIрэ ди нэхъыжьхэр ди жьантIэу гуфIэгъуэр зэдэтIэтмэщ. Аслъэн Алий, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ:

— Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ сытым деж жиIэу щытащ: «Щыгъуэ-щIэж махуэ диIэкIэ зэфIэкIынукъым. ДызэплъэкIыж зэпыткIэ псэуа дыхъунукъым, гуфIэгъуэ махуи диIэн хуейщ». Ар зэхэзыха дэтхэнэми, акъыл балигъкIэ гъащIэм егупсыс дэтхэнэ адыгэми игу илъ зэпытт ари, ДАХ-м и зы зэхуэсыгъуэм дыщытепсэлъыхьащ абы икIи псори зэдэарэзыуэ унафэ къызэдащтащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ­рал унафэу къызэращтам хуэдэу, Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми щагъэувамэ, икъукIэ ди гуапэ хъунут. Дэ иджыпсту дызэлэжьхэм ящыщу япэ идгъэщ Iуэхухэм язщ ар. Тхьэм жиIэмэ, къэхъунущ апхуэдэ зэмани – псоми зэгъусэу къэрал махуэшхуэу щызэдэдгъэлъэпIэн. Мы махуэм фIыгъуэу хэлъыр дунейм адыгэу тетым зэрыадыгэр иджыри зэ ягу къагъэкIыжу, ди щэнхабзэм, ди хабзэм, ди хэкум пщIэ хуэтщIу дызэхэтыныр аращ. Ди щIэблэм бзэр ящIэнымкIэ, хэкуп­сэу къэгъэхъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ мыбы. Фащэр зейр зезыхьэращ жаIэ, ди пщIэмрэ ди фащэмрэ тIыгъыжу, дигъэгушхуэу куэдрэ дгъэлъэпIэн махуэ Тхьэм ищI.

Шыбзыхъуэ Юрэ, Ставрополь Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ:

— Дэ махуэ зыбжанэ диIэщ цIыхубэм къызэдащтауэ зэдагъэ­лъапIэу. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъу­щи, а махуэшхуэхэм къэрал мыхьэнэ яIэкъым, къэрал уна­фэкIэ щIэгъэбыдакъым. Абы къыхэкIыу сэбэпышхуэ хъунут щIыналъэ псоми къэрал гуфIэгъуэу адыгэхэм я Махуэр ягъэу­вамэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа Iуэхур Къэбэрдей- Балъкъэрым дахэу щагъэлъапIэ. А махуэшхуэр ныбжькIэ «щIалэми» адыгэ куэд зэрепх, дяпэкIэ нэхъыбэж зэпищIэну дыщогугъ.

Адыгэр нобэ хэгъэгу зэмылIэ­ужьыгъуэхэм дисщ, нэгъуэщI лъэпкъхэм дыкъаухъуреихьу, абы ипкъ иткIэ ди махуэ дызэриIэ­жым ди зэныбжьэгъугъэр игъэбыдэну, ди зэгурыIуэныгъэр иригъэфIэкIуэну, дызэрыгушхуэу диIэ псори адрейхэм къедгъэцIыхуфыну къысщохъу. КъищынэмыщIауэ, дызэхыхьэрэ дыкъа­фэу, дыджэгуу дызэбгрыкIыж къудей мыхъуу, ди гугъуехьхэм, щыщIэныгъэхэм дытепсэлъыхьрэ, ахэр къызэрызэднэкIын хэкIыпIэхэр дубзыхуу къэдгъэсэбэпыфмэ, хъарзынэщ.

Адыгэр егъэлеяуэ зэбгры­дзауэ щымытамэ, мы махуэм апхуэдиз мыхьэнэ иIэну къыщIэ­кIынтэкъым лъэпкъым дежкIэ. Ар хуабжьу дызыщыгугъ, дызэзыпх, дызэпызыщIэ махуэ дахэ тхуэхъуащ, дяпэкIи зэрызиужьынум шэч къытесхьэркъым. НэщIэпыджэ Замирэ.