МафIэ лыгъейм химысхьэ щIыкIэ
Урыс офицер Новицкий Георгий Василий и къуэм шапсыгъ лIакъуэлIэш Мэгъурокъуэ Пщыкъуий хэгъэрей зыхуищIри, Кавказ зауэм и мафIэ лыгъэм хэт адыгэхэм я хэкум къихьэн хузэфIэкIауэ щытащ 1829 гъэм — абы и пэкIэ ар зыми къехъулIатэкъым.
Зауэ зращIылIа лъэпкъым и къаруи, и псэукIи, и бжыгъи, и хабзи зэрыщыгъуазэ щыIэтэкъым урыс дзэпщхэри, ар «кърагъэщIэн» мурадт Новицкэр адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къыщIагъэкIуар. А гъэм «зригъэщIэн» хузэфIэкIар итхыжри, урыс дзэпщхэм я пащхьэ ирилъхьащ Новицкэм. ТIасхъэщIэхым абы щыгъуэ зэрыхуигъэфэщамкIэ, адыгэхэр мин 262-рэт зэрыхъур.
1830 гъэми «зыплъыхьакIуэ» кърагъэжьащ офицер набдзэгубдзаплъэр — а гъэм абы «Iуэхутхьэбзэ» хуилэжьащ адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ шапсыгъ лIакъуэлIэш Абат Беслъэней. Бзиикъуэ зауэм (1795 гъэ) и ужькIэ Абатхэ хьэIупс ящIауэ щытащ шапсыгъхэм, унафэр IэщIахри пщIэ щIагъуэ ямыIэж хъуат. Ар зигу темыхуа лIакъуэлIэшыр, Беслъэней, урыс тIасхъэщIэхым дэIэпыкъуащ, и хэкум зыщригъэхущыхьащ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, и хэкумрэ и лъэпкъымрэ я тIасхъэр бийм Iэригъэхьащ. Абат Беслъэней абыкIэ зэщэр гурыIуэгъуэт: урыс дзэпщхэр IупэфIэгъу къищIмэ, ахэр зыдигъэIэпыкъуурэ, шапсыгъхэм IэщIаха унафэр зыIэщIиубыдэжыфынкIэ гугъэрт.
Шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатхэ я лъэпкъыр, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, Къэбэрдейм щыщщ. Абатхэ Къэбэрдейм щикIар белджылыкъым. Тхыдэр щыхьэт зытехъуэр ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм щыщIэдзауэ Абатхэ Шапсыгъым зэрисарщ: хы Iуфэм Iусащ Абатхэ я жылитI. А жылитIым я зым къыщалъхуащ Абат зэшхэр — Беслъэнейрэ Убыхрэ. ЗэшитIми пщIэшхуэ щаIащ Шапсыгъым, лIыгъэ зыхэлъ, зи псалъэр пхыкI лIакъуэлIэш лъэрызехьэхэти. Абы тетащ Беслъэнейрэ Убыхрэ, урыс дзэпщхэм IупэфIэгъу яхуэхъуху. Беслъэней и унафэкIэ, Убых урыс тIасхъэщIэх Новицкэм Шэрджэсым «зыщригъэплъыхьащ». Ар къыщащIэм, шапсыгъхэм Абатхэ къызыхахуащ, я унэIутхэмрэ я мылъкумрэ трахащ. Абатхэ урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зралъхьащ. Абат Беслъэнейрэ Убыхрэ ягъэтыншакъым шапсыгъхэр: Псыжь адрыщI къикIыурэ, зауэ къращIылIэ зэпытащ, ялъ ящIэжын, я мылъкумрэ я пщылIхэмрэ зыIэрагъэхьэжын щхьэкIэ. Ар къехъулIакъым Абатхэ: Беслъэней 1837 гъэм лIащ, Убых и щхьэм кърикIуар тхыдэм къыхэщыркъым — лъэужьыншэщ.
Беслъэней урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зыщIрилъхьам щхьэусыгъуэ иIэщ. Шэч зыхэмылъыр зыщ: и лъэпкъым и Iей зэрихуэн мурад иIакъым Абат Беслъэней, ар дэнэ къэна, къехъулIамэ, Шэрджэсыр лъыгъажэ зауэм къыхишыну и гугъат. 1828 — 1829 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм и ужькIэ Абат Беслъэней Истамбыл кIуауэ щытащ, урысхэмрэ тыркухэмрэ зэгурыIуэжа нэужь, Шэрджэсым и Iуэхур зэрыхъунур зэхигъэкIын щхьэкIэ. «Сыт хувимурадыр Шэрджэсым, Тыркум и щIыб къытхуигъэзэжар пэж, Урысейм и IэмыщIэ дифлъхьауэ ара?» — абы щIэупщIащ Истамбыл кIуа шэрджэс лIыкIуэхэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, Шэрджэсыр, Беслъэней и хэкур, Тыркум«и IэмыщIэ иралъхьат», ар тIуми зэи яIэщIэмылъами.
Езы шэрджэсхэм зыри къеупщIакъым абыкIэ арэзы хъунрэ мыхъунрэ. Зэрымыхъунур къэралитIми ящIэрт, ябзыщI щхьэкIэ.
Тыркум ущыгугъ зэрымыхъунур къыгурыIуащ Беслъэней. НэгъуэщIи къыгурыIуащ: лъыгъажэ зауэм къыхэшын хуейщ шэрджэсхэр — зауэм фIы къахуихьынукъым, я щхьэри я хэкури халъхьэн фIэкIа. Хъан-Джэрий зэритхыгъащи, акъыл жани щIэныгъэ кууи зиIэ лIым, Истамбыл къикIыжа нэужь, мурад ищIащ Шэрджэсыр, зауэм химысхьэпэ щIыкIэ, гъуэгу захуэ тригъэувэну. Аращ, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, урыс дзэпщхэм защIыпищIар: ягурыIуэфын, зауэр игъэувыIэфын и гугъащ. Беслъэней Бытырбыху кIуащ, урыс пащтыхьым хуэзащ: псалъэ дыгъэл къыжраIа фIэкIа, къыхуащIа щыIэкъым. «Урысхэм уагухьащ, ди тIасхъэр ябот», — жари Беслъэней хьэIупс ящIащ, жэгъуэгъу куэд иIэ хъуащ.
КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.