Top.Mail.Ru

Гъыбзэр тщыгъупща…

Image description

Илъэс къэс накъыгъэ мазэм и 21-м дунейм дэнкIэй щикъухьа адыгэхэм я бзэгум телъщ мы псалъэхэр: «Истамбыл гъуэгу гущэри, уэ у нэшэ къуашэти, адыгэ быракъ гущэри жьыбгъэм къызэрехьэри, дидежхэм я хъыбархэри хэт фэ къыфхуихьыну».

«ИстамбылакIуэкIэ» зэджэ мы гъыбзэр Къэбэрдейм и мызакъуэу адыгэ псоми, абазэми, шэшэными, осетинхэми, кавказ лъэпкъхэм я зэхуэдэ гуауэр къеIуатэр. Ар къызэ­хэкIыр лъэпкъ гъэкIуэд зращIылIа лъэпкъым къэкIуэным зэрызыпищIэ, гуауэшхуэр игу къэзгъэкIыж сытхуэдэ нэщэнэми е нагъыщэми аращ.

Тыркум щыпсэуу гъыбзэ жызыIэж Къущхьэ Доган Езден, Сиж Рахшан Ердоган Йылмаз, Гюной Метин Гюн (гупу «Войнахыр» зэзыгъэпэщар), Таймаз Гюлджан Алтан Жынэпсым и упщIэхэм пэуэж къыратащ.

— Адыгэ гъыбзэхэм сыт къытхуаIуатэр? Гъыбзэм кавказ лъэпкъ гъащIэм теухуау сытхуэдэ зы Iуэху игъэзащIэрэ? Хэтхэм е сытхэм щхьэкIэ гъыбзэ щIызэхалъхьэр?

Доган Езден: Адыгэ уэрэдхэр Iыхьищу къэббж хъунущ: уэрэдхэр, уэрэдыжьхэр, гъыбзэхэр. Ауэ къо­хъур тыркубзэмкIэ зэ­рыгупсысэм къыхэкIу уэрэдыжьымрэ гъыбзэмрэ щзэхамыгъэкIыфи. Уэрэдыжьыр зхуаусыр зауэм лIыхъу­жьыгъэ къыщызгъэлъэгъуахэращ. А гууз уэрэдхэм лъэпкъым и гум иригъэхуркъым зытепсэлъыхь лIыхъужьым и цIэр. Гъы­бзэр зтыраусыхьыр къэхъуа гуауэшхуэхэращ. Дауи ирехъу мы псоми лъэпкъым ди культурэр, ди тхыдэр къэкIуэну лъэхъэ­нэхэм ирапхащ. Уэрэдыжьри, гъыбзэри тхыдэ документщ. Псоми къаIуатэр адыгэм дищхьэ къырикIуар, лей къытлъысар. Мыхэр дыхъумэн хуейщ. Ауэ хэхэсым мы гулъытэр тхэ­лъыжу сыгугъэжкъым.

Гюлджан Алтан: Гъыбзэ зытражыIыхьыр цIыхум е лъэпкъым и гъащIэм къыщытехьэлъа къэхъугъэхэращ, гуауэхэращ: лIэныгъэм, зауэм хэкIуэдахэм; лъэпкъ гуауэм, хэку гъэбгынэным; щIыуэпсым къихь мыхъу-мыщIагъэхэм е лъагъуныгъэ зыфIэкIуэдхэм техуэу зхалъхьэр.

Лъабжьэ жыжэ иIэщ адыгэ культурэм. Нобэм къэса а усэхэм къаIуатэр зауэр, ем пщIэтыныр, лъэпкъ гъэкIуэдыр, абы къыхэкI гуауэхэр. Ди адэжьхэм я щхьэ къырикIуа мыгъуагъэм и гуауэр дэ ноби гукIэ зэхыдощIэр. Мыбыхэм лъэпкъым и гукъэкIыжым увыпIэшхуэ ща­Iыгъщ.

Рахшан Ердоган Йылмаз: Илъэс IэджэкIэ екIуэкIа хэку зауэжьым къыхэкIу адыгэмрэ кавказ лъэпкъхэмрэ я гъащIэм мыужьыхыжыну хэпща хъуащ, абы хэкIуэдахэм, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъэгъуахэм, лъэпкъым пэрыт хуэхъуахэм теухуа гъыбзэхэр. IуэрыIуатэм, уэрэдхэм, гъыбзэхэм къаIуэтащ гуауэр, лIыхъужьыгъэр лъэпкъым и гукъэкIыжым хэту. Анатолиер тIысыпIэ зыхуэхъуа адыгэм гукъыдэж хуищIыркъым хэхэс зэрыхъуам, ищхьэ къырикIуам и гъуазэр къиIуэтэныр. Ауэ и гъыбзэхэм къеIуатэр лъэпкъым гущIыхьэ хуэхъуа гуауэр. Гуа­уэр кIэух зхуэхъуа лъагъуныгъэм ар зищхьэ къырикIуа цIыхухэм къыщымынэу къегъэтIысэкIами я гъащIэм хэпща зэрыхъуари къеIуатэр гъыбзэхэм. Лажьэ имыIэу лей злъыса е яукIа дэтхэнэ зы нэрыбгэми и гуауэр хэтщ абыхэм. КIэщIу жытIэмэ, гъыбзэхэращ лъэпкъым гукъинэ хуэхъуа дэтхэнэ и зы гуауэри зыхъумар.

Метин Гюн: Шэшэн культурэмкIэ, я хэку имысыжым ар ягу къыщыридзам деж, зауэм хэкIуэда я Iыхьлы благъэхэм, фIыуэ ялъагъу яфэкIуэдахэм щхьэкIэщ гъыбзэ щIаусыр. Гъы­бзэр, гуауэр къыщыхъуа лъэ­хъэнэм къыриубыдэу усэбзэкIэ жаIэр. IуэрыIуатэ литературэм и зы Iыхьэщ. Илъэс Iэджэ дэкIами, дэ нобэ ди гъыб­зэхэм дыщедаIуэкIэ дыхиубыда хуэдэу а гуауэр гукIэ зэхыдощIэ. Ди жагъуэ мэхъу, псэкIэ къыт­тохьэ­лъэр. Гъыбзэхэм щызэ­хэлъщ Iуданэ зэрызу зхахъам хуэдэу литературабзэкIэ ухуа лъэпкъ тхыдэр. Ахэм дедаIуэмэ лъэпкъым къеуэлIа гуауэр дигу къегъэкIыж, дыщигъэгъупщэр­къым. Илъэсищэм фIэкI къызэринэкIа пэтрэ лъэпкъым игъэва гу узыр дэ дигуми къыдохьэр.

— Гъыбзэм гу лъытэным ухуэзунэтIар сытым къыхэкIа?

Доган Езден: Ди щIалэгъуэм хуэзэу, дунейм ехыж дэтхэнэ зы нэхъы­жьыфIыми ди культурэм щыщ зы Iыхьэ дэкIуэду гу лъыстащ. Си сабийгъуэм, си щIэлэгъуэм си насыпу къызэхъулIащ ди нэхъыжьхэм я уэршэрым сыщIэдэIуныр. А уэршэр кIыхьхэм сыщедэIуащ Кавказ зауэм къы­щыхъуахэм, лъэпкъым дищхьэ къырикIуахэм. Ахэр къыщаIуа­тэкIэ уэрэдхэри щIагъувэрт псори дэжьуурэ. Мис мыхэр зэрыкIуэдыжым гу лъыстащ икIи ахэр къэзыгъуейжыным яужь сихьащ. Сэ музыкэм сыхуемы­джами ар Iуэху зыщысщIыжащ.

Гюлджан Алтан: Дэ мы щIэйным дыхуалъхуау, ди генетик кодхэм мы культурэр хэту къызолъытэр. Лейм пщIэу­вэныр, ебэныныр ди лъым хэту, ди гум илъу аращ дызытетыр. Гъыбзэхэм сыщIэдэIум а гуауэр зэхызощIэр икIи сищхьэр къызоIэтыр. Гъыбзэр щыжысIэкIей ар щзэхалъхьа лъэхъэнэм сыпсэуау къысщохъур.

Рахшан Ердоган Йылмаз: Уэрэд жыIэным цIыхур гъащIэм зэрыпищIэм хуэдэу къысщохъур гуауэр къэIуэтэныри. Си къуэпсым хэту къыслъэIэсау къызолъытэр щхьэ къэIэтэнымрэ шышхьэмыгъэзэнымрэ. Лей Iэджей зылъыса, гуауэ Iэджей згъэва лъэпкъым сазэрыщыщыр си гум илъ зэпытщ. А гуауэ­шхуэр цIыхухэм яхуэсIуатэу аддэ куууэ ягукIэ зэхэзыгъэщIэну сыхуейщ. Апхуэдэ трагедие къэмыхъужын щхьэкIэ ар (лъэпкъ­гъэкIуэдыр) ягу къэзгъэ­кIыжынущ, ягум изгъэхунукъым. Мыр зы макъ къэlэту собжыр.

Метин Гюн: Шэшэн музыкэм япэ сыщыIущIар 1978 гъэращ. Абы ипэ хэкум зэйкI зэпысщIатэкъым. А лъэхъэнэм магнитофонкIэ деда­Iуэрт дыфIэгъэ­щIэгъуэну хэкум къыраха кассетэхэм. А илъэсхэм хэкум зэпыпщIэныр нобэ хуэдэу тынштэкъым. Телефон, телевизор, интернет щыIэтэ­къым. КриллицэкIэ тхахэри 1980-рэ гъэхэращ япэу къыщытлъэIэсар. Цыу стетым зыратIау сощIэжыр япэ гъыбзэ сыщедэ­Iуам. Сыбырым яхуа си лъэпкъэгъухэм теухуау зы гъыбзэ седэIуэри сигъэгъат 1994 гъэм. Апхуэдизу гущIыхьэ схуэхъуати, зейкI сызыдэмыкIуа, сымылъэгъуа си адэжь хэкур си нэгу къыщIэхьат.

— Бзэр хъумэнымкIэ сытхуэдэ фIыгъэ хэлъ гъыбзэхэм?

Доган Езден: Куэду и фIыгъэшхуэ хэлъу къызолъытэр бзэр хъумэным. Сыту жыпIэмэ адыгэбзэкIэ уэрэд жызыIэм бзэр фIыдыдэу ищIэн хуейщ. Бзэр умыщIэу мы уэрэдхэр, гъыбзэхэр пхужыIэ­нукъым.

Гюлджан Алтан: ФэкIыпIэншэщ. Уэрэд нэхъы­бэ къэхутэжын, къэугъейжын хуейщ. Зы лъэныкъуэкIей уэрэдыщIэхэр утыку къидгъэхьэп­хъэщ. Уэрэд щыжыпIэкIэ псалъэ­хэр нэхъ псынщIэу гум къуэнэр, бзэ зэгъэщIэныр нэхъ тынш мэхъур. Сэ си анэбзэр нэхъ лъэщ сщIыну иужь ситщ.

Рахшан Ердоган Йылмаз: Бзэ зымыщIэм дежкIэ гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ бзэм ирылъэIэсыну зы хэкIыпIэщ. Гъыбзэ-уэрэд щыжыпIэкIэ нэхъ къыбгуроIуэр бзэм и зэхэлъыкIэмрэ и лэжьэкIэмрэ. Мыбы теухуауэ жыIэпхъэщ бзэр зэзыгъэщIэну яужь ихьэм гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ дэIэпы­къуэгъу къызэрыхуэхъуныр. Дыгъэунэхуащ мы жысIар сабихэм уэрэд едгъэщIэну яужь дыщихьам.

Метин Гюн: Дэ ди нэхъыбапIэми ди щIэблэщIэми анэбзэр е тщIэркъым е мащIэущ зэрытщIэр. ЗымыщIэхэм ибжыгъэри махуэ къэс хэхъуэурэ макIуэр. Апхуэ­дэу пэтрэ ди музыкэм, уэрэд- гъыбзэхэм кIуэурэ нэхъ гулъытэ зэригъуэтыр, зэрыхуащIыр нэрылъагъущ. Анэбзэм иримыпсалъэхэми, зымыщIэхэми Iэджей къахуокIыр уэрэд зэзыгъащIэрэ жызыIэрэ. Зы мыхъу­ми жиIэну яужь зэритыр фIыкъэ. Анэбзэр диктант ищIыну зырелIалIэр хъарзынэкъэ. ЦIыху­хэм игу ирихьа зы уэрэдым е гъыбзэм и псалъэхэри зыгурагъэIуэну, зрагъэщIэну яужь итхэщ. Абы къыхокIыр бзэ зэгъэщIэным гущIэкъу зэрыхуищIыр. Аращи хэхау зэфIэкI якъуэлъу къызолъытэр уэрэд- гъыбзэхэм бзэ зэгъэщIэным теухуау.

Мамхыгъ Хикмет Арал.

ЗэзыдзэкIар Къэрэщей Себахаттин.