Къэрэмырзэ Алий и къуажэм теухуауэ иджыри зы тхылъ
(«Алий-Кара-Мирза: черкесская повесть в стихах»), Москва, 1832г.
Нобэ зи гугъу тщIыну Къэрэмырзэ Алий и къуажэшхуэр (Къэрэмырзейр) Лабэпсым иридэкIуейуэ Ахъмэтыбг и лъабжьэ щIэсащ. Мы къуажэм и кIуэдыкIам теухуауэ (адрей адыгэ къуажэ щэ бжыгъэм еплъытмэ) тхыдэм куэд къыхэнащ. Абы щыгъуэми ар зи IэрыкIыр къуажэм теуа дзэпщхэращи, абы пэжагъ зэрыхэлъыр уи фIэщ мыхъуну Iэмал иIэкъым. Дзэпщхэм зекIуэ кIуэуэ я мурад ягъэзащIэу къыщыкIуэжкIэ, ятхыж я хабзэт гъуэгуанэ къакIуам зыIэрагъэхьахэр, гъэру къаубыдахэр, хэкIуэдахэм я бжыгъэр. КIэщIу жыпIэмэ, хабзэу къызэрекIуэкIыу «отчет» ящIыжт. Мис апхуэдэ отчет мы къуажэм теухуауэ щыIэщи, егъэлеиныгъэ хэмылъу, къэхъуауэ щытар нобэкIэ доцIыху. Ди Iэ нэмысауэ зы тхылъ закъуэ иджыри дунейм тетщи, ар зыIэрыдгъэхьэным ди гугъэр нобэми хэтхыжкъым: а тхылъым итщ псэууэ къызэтена къуажэдэсу гъэр ящIахэм я унагъуэцIэхэр. АтIэ, ар хьэлэмэтыщэкъэ — езы дзэпщ Вельяминов итхыжа тхылъыр къытIэрыхьэмэ, къуажэм сыт хуэдэ унагъуэцIэ дэсами къэтцIыхуфынут!
Тхыдэм къыхэнам нэмыщIу, Къэрэмырзей къуажэм теухуауэ поэми щыIэщ икIи нобэ къытедгъазэу а къуажэшхуэм и хъыбарым дыщытепсэлъыхькIэ, а поэмэр ди тегъэщIапIэщ. Иджыблагъэ ди къэралым и библиотекэ нэхъыщхьэ дыдэм къыщызгъуэтащ лабэдэс Къэрэмырзей къуажэшхуэм и кIуэдыкIам теухуауэ зэхалъхьа поэмэр. Авторым и цIэри нэгъэсауэ тхакъым — «И. Р.» фIэкIа тхылъым иткъым.
«Алий-Кара-Мирза: черкесская повесть в стихах» зи фIэщыгъэцIэ поэмэр напэ 81-рэ хъууэ 1832 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Поэмэм еплъа гуэрым Радожицкэ И. жэуэ IэрытхкIэ зытхам и унагъуэцIэр третхэ. Поэмэр Iыхьэ 12-у зэхэтщ. Авторыр Iыхьэ къэс «песнь»-щ зэреджэр. Поэмэр илъэси 170-кIэ архивым хэлъащ. Апхуэдиз зэман текIауэ Налшык 2002 гъэм поэмэр щытрадзащ Къамбий Джэфар и редактору, щIэныгъэрылажьэ Губашы Еленэ и тхыгъи щIыгъуу.
Ди щIэджыкIакIуэхэу мы дызытепсэлъыхь къуажэм и хъыбар зымыцIыхухэм кIэщI дыдэу абы нэIуасэ фыхуэтщIынщ. Къэрэмырзэ Алий нэхъ адыгэ пщышхуэхэм ящыщт. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар адыгэпщхэм я пщыж Инал пцIапцIэм и къуэрылъху мэхъу. Мысост пщышхуэ и къуэщ. 1820 гъэхэм хуэзэу къуажэшхуэ дыдэ IэщIэлъу къэбэрдеищIым къикIри (адэкIэ зауэр зэрекIуэкIын IуэхумкIэ пщыхэр зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу) Лабэ псыхъуэм къыдэтIысхьауэ щытащ. Абы и къуажэм унэсын папщIэ беслъэней къуажэ бжыгъэ узэпрыкIын хуейт, уеблэмэ Ахъмэтыбг нэхъ пэгъунэгъуу псэут Къэрэмырзэ Алий и къуажэшхуэр.
Езы Къэрэмырзэ Алий апхуэдизкIэ лIы хахуэт, и цIэ жыжьэ Iуати, зи щхьэкIэ зи лъэпкъ хуитыныгъэм щIэбэныну зигу къихьа куэд адыгэ хэкушхуэм адэкIэ-мыдэкIэ къикIыурэ Къэрэмырзей къуажэм увыIэпIэ щагъуэтт, Алий и бэракъми щIэувэт. Езыми Iэщэ игъэтIылъын и гугъэтэкъым. КъарукIи цIыху бжыгъэкIи зэпэщу, лIыгъэшхуэ къакъуэкIыу Къэрэмырзэ зи пашэхэр къазэрыпэщIэтым хуабжьу зэгуигъэпт мыдрей лъэныкъуэри. Дзэпщ Вельяминов Къэрэмырзэр «хуэфащэ IуигъэщIэн» и мураду куэд щIауэ хуэдзэлашхэт. Арати, Псыжьрэ Уарпрэ щызэхэуэм деж щыт Прочнэ Окоп быдапIэм (нобэ станицэщ) дзэшхуэ Вельяминовыр я пашэу къыдэкIщ, Уарп иридэкIуейщ, Чамлыкъыпс зэпаупщIри, беслъэней къуажэхэми япхырыкIри Къэрэмырзей пэмыжыжьэу лагерышхуэу етIысэхащ.
ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, дзэм яхэтащ гъуэгур фIы дыдэу зыцIыху беслъэней щылъхуи. Вельяминов дзэпщри отрядышхуэ я пашэу, къэбэрдеилI Бекович-Черкасскэри яхэту, Къэрэмырзэ Алий хуэфащэ IуагъэщIэн я мурадкIэ ежьэри, икIи, къайхъулIащ: жей Iувым хэта къуажэм теуэщ, мафIэ ирадзри, къэхъуар къагурымыIуэу шэм ихьар ихьащ, Лабэпс итхьэлар итхьэлащ, мафIэсым куэд хэкIуэдащ, цIыху куэди гъэр ящIащ. Мис а гъэр ящIахэм я цIэ-унагъуэцIэ иту, езы Вельяминов дыдэ и Iэпэ щIэлъу, тхылъ дунейм тетщи, ар Iэмал имыIэу къэгъуэтын хуейуэ солъытэ. Езы Алий дыди жейбащхъуэу, къэхъуар къыгурымыIуауэ, и унэ бжэщхьэIум къытеувар, Дадымовым триукIыхьащ.
ИпэкIэ зэрыжытIауэ, тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, къуажэр кIуэдыным зы беслъэнеилI и бзэ щIэлъщ. Ар зэрыхъуари мыращ. Жэщыбгым беслъэней уэркъ Дохъушокъуэ Кърым-Джэрий Къэрэмырзэ и унэм екIуалIэри: “Мыращ, фыкъатIысыхьащ, уи цIыхухэр къуажэм дэгъэкI» жриIащ къуажэпщым. АрщхьэкIэ Алий и фIэщ мыхъуауэ къыщищIэм: “Узэрыхуейщ, къэхъужыкъуэIамэ, Iуэхур зытетыр къыбжезыIар Дохъушокъуэхэ Къырым-Джэрийщ” жери, жэщ кIыфIым хыхьэжащ. Къигъэзэжри Вельяминовым жреIэ: “Къуажэм зыри дэсыжкъым, нэщIщ, ущIытеуэни щыIэкъым”, — жери.
“Дохъушокъуэм пцIы еупс, ар лазутчикщ, сэ сыкIуэри сыкъэкIуэжащ, зэрыкъуажэу мэжей, гурыщхъуэ щыIэкъым” жиIэу къэувар нэгъуэщI беслъэнеилI Щоугъур (Шугуров) Мамыкъущ. АдэкIэ къэхъуам фыщыгъуазэщ.
Мамуко Шугуровыр прапорщик цIэр иIэу ди лъахэ дыдэм зауэ гуащIэ щезыгъэкIуэкIа (1820 — 1840 гъ.гъ.) Вельяминоврэ Зассрэ я гъусэу, я дзэм хэту, хуабжьу жыIэщIэу зэрыщытар пэжщ. НобэкIэ езы Засс дыдэ и Iэрытхыу рапорт сиIэщи, хуабжьу яхуэарэзыуэ, фIыуэ щыIэр яхуигъэфащэу адыгэ лIитIым къытопсэлъыхь: Мамуко Шугуроврэ кIэмыргуейхэм я пашэ Болотоко Шеретлукрэ (ШэрэлIыкъуэ) (ЦГВИЛ, ф. 13454, oп 6, д. 185).
Псом нэхърэ нэхъ тхьэмыщкIагъэр аращи, Къэрэмырзей къуажэм и хъыбарым иджыри беслъэнеилI хэтщ, ари Щогъур Алийщ. Дэнэ щытцIыхун, атIэ, ахэр зэунэкъуэщ къудей, зэшитI, хьэмэрэ зэадэзэкъуэ?
Ауэ Алий уэрэдгъуощ, уэрэдусщ, зэрыадыгэ хэкуу дэнэ къуапи щыцIэрыIуэщ, кIэщIу жыпIэмэ, нэгъэсауэ ди Iуэхур къызыгурыIуэ политикщ икIи усакIуэщ. «Щогъуру хьэ джафэжьитI» щыжиIэкIэ гъыбзэм наIуэ мэхъу ЩогъуркIэ урысхэм зэрахэтар. Алий дыдэщ Къэрэмырзей къуажэм и хъыбарыр урысылIым жезыIэжари. Модрейми (Радожицкэм) урысыбзэкIэ поэмэу итхыжащ.
Поэмэм къызэрыхэщыжымкIэ, Лабэ псыхъуэ дэтIысхьа нэужь и ныбжьэгъуфI нэгъуей Едыдж Мансур и шыпхъу Елмэс (Ольмес) Алий щхьэгъусэ къыхуэхъуащ. Ар нэгъуей щылъхут. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Алий щхьэгъуситI иIащ: Елмэсхъанрэ Хъаний псыгъуэрэ. ТIури къуажэшхуэр щызэрапхъуэ жэщым гъэр ящIри, Елмэсхъан Мансурхэ ирагъэшэжащ, Хъаний псыгъуэ Къэбэрдейм яшэри, Астемыр гуэрым щIасэу иратащ. ИужькIэ езы Бекович-Черкасскэм-Темырболэт Елмырзэ Хъаний псыгъуэ и щхьэгъусэу псэужащ. Къэрэмырзэ Алий и Iыхьлыуэ Ажджэрий Кушыкупщрэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэрэ Алий илъ ящIэжащ Щогъурымрэ Астемыррэ яукIыжри.
Мы Iуэхум теухуауэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» жыхуиIэр зэтемыхуэу адыгэ лъэпкъ бжыгъэм яIэщи, псом нэхърэ нэхъ кIыхьыр икIи купщIэкIэ гъэнщIауэ щытыр Тамбий Пагуэ къытридзауэ щытаращ.
Псыжь псыхъуэ дэкIыу Къарэ-Мырзэ сыт щыгъуэ зекIуэ емыжьами, абы и гъусэт адыгэпщ Рослъэнбэч, абазэхэу Къызылбэчхэр, Мудавейхэр (абхъазхэр), адыгэу Мамхэгъхэм, Беслъэнейхэм, Мыхъуэшхэм я пашэхэр.
Поэмэм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху хэпхъауэ хэтщ ди унагъуэцIэхэр, псыцIэхэр, бгыцIэхэр, ди шхыныгъуэхэм, Iэщэ-фащэхэм я фIэщыгъэцIэхэр. КIэщIу жыпIэмэ, узыIэпишэу поэмэм уоджэ.
Нэрылъагъуу цIыху цIыкIум къыщымынэу уафи-щIылъи хуонэщхъей Къарэ-Мырзэ и къуажэм и кIуэдыкIам, езыри зэрыхэкIуэдам. Къуажэм дэIэпыкъуну Беслъэнейхэр, Мудавейхэр, Бэрэкъейхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэри къэса щхьэкIэ, зыри щыIэжтэкъым: дэнэкIи мафIэ сахуэрэ хьэдэхэмрэ зэбгрыдзат, Iугъуэмрэ пшагъуэмрэ ящхьэщыт.
Мы къуажэм и лъэужьу сыт дунейм къытена? Япэрауэ, наIуэ дыдэу дзэпщхэм я отчетхэм куэд итщ; 1904 гъэм Тифлис къыщыдэкIауэ тхыгъэ щыIэщ. Япэ дыдэ Къарэ-Мырзэ и гъыбзэр къыдэзыгъэкIар зи лъэужь мыкIуэдыжын ди хэкуэгъу Тамбий Пагуэщ. АдэкIэ «Карта разоренных аулов» жэуэ сэ архивым къыхэсхауэ щыIэщи, къуажэр здэщысар «Ур. (очище) Карамурзина» жэуэ картэм тетхащ. Нобэрей Хьэбэз къуажэкIэмрэ абы пэгъунэгъу къуэшхуэмрэ «Къэрмызеикъуэ», «Къэрмырзей хьэблэ» жэуэ я фIэщыгъэцIэщи, дызытепсэлъыхь къуажэм, дауи, ахэр епхащ.
НобэкIэ зэдгъэпэщыжын хуейщ а Къэрмырзей хьэблэм япэ етIысэхахэм я унагъуэцIэхэр. Ахэр лабэдэс къуажэр щагъэсым къелауэ яхуэбгъэфащэ хъунущ. АбыкIэ хьэбэздэс нэхъыжьхэр къыддэIэпыкъуфынут.
АдреймкIэ, Вельяминов гъэр ищIахэм я спискэр къытIэрыхьэжмэ, зэуIуу зы тхылъ, поэмэри хэту, къыдэдгъэкIыну дыхуэхьэзырт.
ТЕМЫР Рае. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъЧР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и IуэхущIакIуэ.