Top.Mail.Ru

Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунущ!

Image description

Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъхуащ. Дэтхэнэ лъэпкъ къыхэкIами и къалэнщ езым и лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. Ди­Iэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и лъа­псэр адыгагъэращ. Iэдэбыр, цIыхугъэр, нэ­мысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псо­ри къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэ­хъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.

Ди бзэр хъумэнымкIэ, зегъэу­жьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ягуэ­щIауэ зи цIэр дыщэпскIэ ди тхыдэм хатхахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нэгумэ Шорэ, нэгъуэщI куэди. Адыгэ литературэм деж абыхэм зэщIагъэна мафIэр ди гум йопсэ, ди псэр егъэхуабэ. Ноби а мафIэр ужьыхкъым. ЩIэблэм ар нэхъри зэщIагъаплъэ. Ди гуапэ хъуащ Бемырзэ Зураб, Абидокъуэ Люсанэ, Чэнджэщауэ Артур сымэ литературэм хуэгъэзауэ я ехъулIэныгъэхэр... Бзэ тIэщIэкIыр къэзубыдыжыну зыхузэфIэкIхэм ящыщщи, Тхьэшхуэм иригъэфIакIуэ, я пса-лъэр нэгъуэщI лъэпкъхэми на­хьэсу, адыгэм ди цIэр фIыкIэ ягъэIуу!

Адыгэбзэр мы дуней псом ныбжьышхуэ зиIэ бзэхэм зэращыщым и щыхьэтщ США-м и конгрессым и библиотекэм ныбжьышхуэ зиIэ лъэпкъыу къагъэлъэгъуа 32-м япэ сатыр­хэм адыгэр зэрыхэтыр!

«НэгъуэщI лъэпкъым и бзэр илъэситI-щыкIэ зэзгъэцIыхуфынущ, ауэ си бзэр сыпсэухукIэ зэзгъэщIэн хуейщ» жиIэгъащ венгр еджагъэшхуэ Месарош. Мис а псалъэ пэжхэм адыгэхэри дытетыпхъэщ, дгъэзэщIап­хъэщ.

Дэтхэнэ зы цIыхуми и бзэр ищIэжын хуейщ. Аращ адыгэ литературэм и лъабжьэр зы­гъэтIылъахэм ящыщ ЩоджэнцIыкIу Алий «Зи бзэр зымыдж адыгэ сабий щыIэн хуейкъым», — жэуэ щIитхыгъар.

Ди еджапIэр къапщтэмэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым. Щапхъэ къэсхьынщи, е 5 — 6-нэ классхэм еджакIуэ цIыкIуитI хэсщ, пэщIэдзэ классхэм бзэр щамыджауэ. Арами (Куэбл ­Саидэрэ Тохъутэмыщхэ Дая­нэрэ) фIы дыдэу пылъщ а Iуэ­хум. Дистанционнэу дыщеджэми, Даянэ и лэжьыгъэхэр псом япэ дыхъунукъымкърегъэхь, литературэмкIи апхуэдэщ.

КъинэмыщIауэ, лъэпкъыбзэр хъумэным хуэгъэзауэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр еджапIэм щыдогъэкIуэкI зэпыт. Апхуэдэ зыуэ, лъэпкъыбзэхэм я Махуэм хуэ­кIуэу «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ» зэпеуэр едгъэкIуэкIащ. Абдеж гухэхъуэу усэ къыщеджащ Хьэж­мусэ Айнэ, Алътэдокъуэхэ Им­ран, Iэсидэ, Утемыщхэ Миланэ, Амалие, АйкIэпщ Элинэ, Къэ­бэрдей Iэдэм, Къардэн Идар, Ашыбокъуэ Данэ сымэ.

Мы еджакIуэхэр «Родные языки России» Урысейпсо акцэми хэтащ, сертификатхэмрэ медалхэмрэ къыхурагъэхьыжащ.

Шпет Густав жиIэгъащ: «Бзэращ лъэпкъым и псэр зыхэлъыр. Абыхэм я бзэр я псэщ, я псэр — я бзэщ»…

Уахуозэ адыгэ куэдым урысыбзэкIэ мыхъумэ зэмыпса-лъэу. Ар ди жагъуэ мыхъуу къанэкъым.

Исландие къэралыгъуэм уна­фэ щхьэхуэ къыщахьащ ха­мэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр я бзэм хамыгъыхьэну. А унафэм щIэтурэ, мы зэманым Ис­ландием я бзэр дунейм щынэхъ къабзэ дыдэу къызэте­науэ къалъытэ. Мыбы дэри дегупсысыпхъэщ.

Ди лъэпкъым и анэбзэр — адыгэбзэр мыкIуэдыжыным теухуащ адыгэм, адыгэбзэм зи гур хуэузу псэуа усакIуэ щэджащэ Бемырзэ Мухьэдин и тхыгъэхэр. ИкIи зэпеуэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм абы и цIэр куэдрэ къыдоIуэ:

«ЗэгъащIэ: зи бзэр зыфIэ­кIуэдым И анэр хуэдэщ фIэкIуэдам».

Мы дунейм анэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Бзэр анэм зэ­репхар, ар зэрыналъкъутнал­мэсыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.

ТекIуэныгъэм и Илъэс 75-м теухуауэ усэ къеджэнымкIэ онлайн-зэпеуэм дыхэтащ. Ашыбокъуэ Данэ (Бемырзэ М. и усэ «Зауэм теухуа балладэ»), Утемыщ Амалие (Къэгъырмэс Б. «ЗауэлIым и псылъэ»), Алътэдокъуэ Iэсидэ (Жантемыр  М. «Уахътыншэ полк»), Утемыщ Миланэ (Гъуэщокъуэ Хъу. «Те­кIуэныгъэм и махуэ»), Къан­къуэш Даринэ сымэ гум хыхьэу къеджащ. Москва къалэм къи­кIыу, фIыщIэ тхылъхэр къа­Iэрыхьэжащ.

«Зыуэ щыт Урысей» партым и хэгъэгу къудамэм и лIы­кIуэхэр дигъусэу «ТекIуэны­гъэм и Махуэ» диктантыр ттхащ. Ар нэхъы­фIу зыхузэфIэкIа нэры­бгибгъум фIыщIэ тхылъхэр къра­тыжащ…

ЕгъэджакIуэри адэ-анэхэри апхуэдэ Iуэхум дыщымыгу­фIыкIыу къанэкъым. Сэ къыз­бгъэдэкIыу, анэ-адэ куэдым фIыщIэ яхузощI сабийр егъэ­джэнымкIэ, гъэсэныгъэ нэс хэлъынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъумкIэ.

Къапщтэмэ, Эрсакон еджапIэм и цIэр фIыкIэ жрагъыIэ еджакIуэ куэдым. Ди еджапIэм щIэдгъэкIауэ, Москва, Ставрополь, Мейкъуапэ ищхьэ еджапIэхэр къыщаухри, а къалэхэм къагъэнэжауэ щылажьэр куэдщ. Сыт хуэдэу адыгэбзэр ягъэшэрыуэрэ абыхэм: Къадыр Александрэ, Дыщ Залинэ, Чыр­быж Альбинэ, нэгъуэщIхэми.

Къэбэрдей Алинэ – щэ! Дапщэрэ район, республикэ зэ­пеуэ­хэм, олимпиадэхэм япэ увыпIэхэр къыщихьу щыта абы! Газетми, телевиденэми мызэ-мытIэу къыщагъэлъэгъуащ. Хуабжьу гу къабзэ, адыгэпсэ зиIэщ.

Апхуэдэщ Ашыбокъуэхэ Дианэ (иджыпсту Ставрополь дэт медицинэмкIэ институтым що­джэ), Динэ, Данэ сымэ. Мы пщащэхэми адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми жыджэру хэту щытащ. Ар зимыуасэ щыIэ?!.

Адыгэ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэу щыIэм я лъабжьэщ. Псалъэ Iущ, шэрыуэ куэд диIэщ нэмысым, хабзэм, бзэм, акъылым теухуауэ. «Бзэ зимы­Iэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым» жыхуиIэри абы щыщщ.

ЩIыхь зиIэ ди егъэджа­кIуэфIхэр, фIы куэдкIэ дызыщыгугъ ди еджакIуэхэр щыдиIэкIэ, ди фIэщ мэхъу адыгэбзэр дунейм зэрыщыIунур. Адыгэ лъэп­къыр Тхьэм иригъэфIакIуэ! Бзэншэ, лъэпкъыншэ дыхъуну­къым. Догугъэ ди бзэ дахэу пшынэбзэу гур зэщIэзыIэтэр нэхъри нэхъ лъэщу дунейм куэдрэ тетыну! Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунущ!

НАРТБИЙХЭ Хужьэ, Эрсакон къуажэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ, егъэджэныгъэм и отличник, ищхьэ IэщIагъэ нагъыщэ зиIэ.