Top.Mail.Ru

Зэманым и лIыхъужьхэщ

Image description

Уз зэрыцIалэр къызэрежьэрэ, ковидым епхауэ пIалъэкIэ къызэрагъэпэща сымаджэщхэм щылажьэ медицинэм и лэжьакIуэхэр цIыху гъащIэр хъумэным псэемыблэжу пылъщ.

Ахэр мэлажьэ жэщ-махуэ ямыIэу, зэ­рызахъумэ щыгъын мытыншхэр къаныкъуэкъуу, респиратор хьэлъэхэм я нэкIущхьэхэр трихауэ, тIуащIэу яIэрылъ хьэфэ Iэлъэхэм я Iэхэр игъэщIытауэ. Абыхэм я фIыгъэщ цIыху куэд узыншэу я унагъуэхэм зэрахыхьэжар. Пэжщ, щыIэщ къахуе­мыгъэлу яIэщIэкIахэри...

Черкесск къалэм дэт Къэрэшей-Черкес республикэм жьэн уз диспансерым хэту къызэрагъэпэща ковид-сымаджэщым и лэжьакIуэхэм яхуэгъэзауэ щытхъу куэд къэIуагъэххэщ. А IуэхущIапIэр нэхъ япэу къызэрагъэпэщахэм ящыщщ.

Мы сымаджэщым и реанимацэ къудамэм и унафэщIыр IэщIагъэлI ныбжьыщIэ, Жьэкуэ къуажэм щыщ Мамхэгъ Iэминщ. И ныбжьым емылъытауэ, «и Iэ­щIагъэм хуэIэижьщ» зыхужаIэхэм ящыщщ Мамхэгъыр.

Ар щеджащ Ростов къалэм дэт къэрал медицинэ университетым. Абдеж ордина­турэри къыщиухащ «анестезиология­-реа­ниматология» IэщIагъэр иIэу. А къалэ ды­дэм дэт е 6-нэ сымаджэщым щылэжьащ. Иужьым, и хэгъуэгум къигъэ­зэжри, Хьэ­бэз район сымаджэщым и дохутыр ане­сте­зиолог-реаниматологыу илъэскIэ щыIащ.

Уз зэрыцIалэм епха сымаджэщхэр къыщызэIуах зэманым, Iэмин кърагъэ­блэгъащ ковид-сымаджэщым щылэжьэну. IэщIагъэлI ныбжьыщIэр а Iуэхум занщIэу пэрыуващ мэлыжьыхь (апрель) мазэм. Реанимато­логыу къыщIидзащ. Абы и гурыхуагъымрэ бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ, и лъэкIыныгъэхэр къызыгурыIуахэм къы­хуагъэфэщащ реа­нимацэ къудамэм и унафэщI IэнатIэр. Накъыгъэм (майм) щыщIэдзауэ, ноби къудамэм и унафэщIщ.

— Ковид-сымаджэщым и реанимацэмрэ стационарым щыIэмрэ зэщхьэ­щы­кIыныгъэшхуэ яIэщ. Япэрауэ, ковид узы­фэр иджыри нэгъэсауэ къызэрамыхутам къыхэкIыу, махуэ къэс щIэ гуэрым упэщIохуэ, узыр зэрекIуэкIым зехъуэж, и хъужыкIэр зэщхьэщокI. Абыхэм укIэлъыплъурэ кIуэрыкIуэм тету бгъэунэхуа­хэр уи лэжьыгъэм хыболъхьэ, щIэуэ къы­хыхьэхэр зэпкърыбох. Iуэхур нэхъри нэхъ хьэлъэ зыщIу къыхэбгъэщ хъунущ, зэрызахъумэ Iэмалхэр: щыгъынхэр, нэ­кIу­Iулъхьэхэр, тIуащIэу зэтелъ Iэлъэхэр зехьэныр зэрымытыншыр. АбыхэмкIэ уузэдауэ сымаджэм и щытыкIэр къэпхутэнри, уепсэлъэнри къызэрымыкIуэу гугъущ. Сымаджэм ущепсалъэкIэ, абы узэримылъагъум, жыпIэр IупщIу къызэ­рыгурымыIуэм сымаджэмрэ дохутырымрэ яку дэлъын хуей зэпыщIэныгъэр егъэтIасхъэ. Япэрауэ сымаджэм дзыхь къыпхуищIын хуейщ. ИтIанэщ абы ущеIэзэфынур. Ар къарум и мызакъуэу псэкIи къыдохьэлъэкI, — жеIэ Iэмин.

Мы щIалэр зи унафэщI къудамэм сы­маджэ хьэлъэхэм ятегъэпсыхьауэ гъуэлъыпIэ 30 щIэтщ. Жагъуэ зэрыхъущи, нобэкIэ абыхэм нэщI яхэткъым.

Реанимацэм и гугъу щыпщIкIэ, псалъэ­макъ куэд зытрыжаIыкI ИВЛ аппаратым и гугъу умыщIу хъунукъым. «ИВЛ-м па­щIар — зэфIэкIащ», «аппаратыр щыIэ щхьэкIэ къахуэгъэсэбэпкъым» жэуэ куэд­рэ зэхыбох. Iэмин дызэрыщигъэгъуэ­­замкIэ, а аппаратыр къыщагъэсэбэпыр цIыхум и узыр хэужьыныхьыпауэ жьы щыхуэмышэжращ.

— IэрыщIу тхьэмбылыр вентиляцэ зэращI (ИВЛ) аппаратыр къэбгъэсэбэпы­ныр гугъуу аракъым. Мыбдеж жыIэпхъэ­щи, абы цIыхур щыпащIэр и щытыкIэр хьэлэ дыдэ щыхъуа пIалъэращ. Абы ипэ­кIэ жьы шэныр къызэхьэлъэкIхэм нэ­гъуэщI IэмалхэмкIи жьы Iурагъахуэ. Ахэри щымыхъужым дежщ ИВЛ-м щыхуэкIуэр.

Гъэунэхуныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэм­кIэ, абы нэсыр жьы зыхуримыкъу за­къуэхэракъым, атIэ абы къыдэкIуэу сы­маджэм нэхъ уз хэужьыныхьа куэд къыщыхукъуэкIращ. Апхуэдэ сымаджэр гъэхъужыныр ебгъэщхь хъунущ сэ жаным утету урикIуэм. Мыбдеж лъэбакъуэ нашэ пчыныр шынагъуэщ — сымаджэм лей епхыныр хэтщи. Аппаратри къыщхьэмыпэжыну, сымаджэр щытыкIэ хьэлъэм щи­тым деж, удэIэпыкъунращ нэхъ хьэлъэр. Ди лэжьакIуэхэм хуабжьу Iэры­хуэу къагъэсэбэп ИВЛ-р. Режим зэхуэмыдэ куэду зэщхьэщыкIми, фIыуэ хацIыхукI, — жеIэ IэщIагъэлIым.

IуэхущIапIэм псалъэмакъ гуапэхэр зэ­рытеIукIыр и фIыщIэу къэплъытэ хъунущ сымаджэщым гуп зэрыIыгъ хьэлэмэт лажьэ зэрыхъуар, дохутырыфIхэр зэрыщыIэр. ЖыIэпхъэщи, сымаджэщым и унафэщIри адыгэ щIалэщ, Гуэгуш Зу­рабщ. Ар я пашэу, жэщ-махуэ имыIэу медицинэм и лэжьакIуэхэр госпиталым щыIэщ. «Красная зона»-м щиткIэ сымаджэхэм ящхьэщытщ, лэжьэгъуэ пIалъэр яуха нэужь, зэхотIысхьэри лэжьыгъэм иропсэ­лъэж, адэкIэ ящIэнур яубзыху.

Iэмини мазэ бжыгъэ хъуауэ аращ зэрыпсэур. И унагъуэм яхуэсакъын, уз зэрыцIалэр яхуимыхьын папщIэ, унэм кIуэжыххэкъым.

Уз зэрыцIалэм и бзаджагъым и гугъу щищIкIэ, Iэмин къыхегъэщ узым жьагъ-щIагъ, бей-тхьэмыщкIэ, нэгъущI зэщхьэщыкIыныгъэкIэ къазэрыпкъырымыхьэр. Абы хэти пэщIэувэнкIэ мэхъу…

— Узыр къыщежьа къудейм нэхъ хьэлъэу щытар къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэращ. сымаджэхэм я щытыкIэ хьэлъагъкIэ къапщтэмэ, узыр иджыпсту нэхъ гуащIэу йокIуэкI. ИкIи цIыху нэхъы­бэм къоуалIэ. Апхуэдэми, мы зэманым дэ къыдгуроIуэ уз зэрыцIалэм и зэранкIэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым къыщыхъу щытыкIэхэр, адэкIэ етщIэнур, абы дызэрыпэщIэтыныр нэхъ IупщIщи, цIыхур и лъэ тедгъэувэжынри къыдохъулIэ, — къыщIегъуж реанимацэ къудамэм и унафэщIым..

НобэкIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и хъуэпсапIэр зыщ — уз зэрыцIалэ зэрыхьзэрийр ужьыхыжу, цIыхур гъащIэ зэпIэзэрытым хыхьэжынращ. Аращ дэри къытхунэмыгъэсыжыр…