Top.Mail.Ru

Iуэху тынш лъыхъуэкъым

Image description

Коронавирус уз зэрыцIалэр къежьэу, абы пэщIэтынымкIэ республикэм сымаджэщ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщу щыщIадзам, абы щылэжьэну хьэзыру ди лъэпкъэгъу куэд къахэжаныкIащ. Абыхэм ящыщ зыщ Черкесск къалэм дэт жьэн узым пэщIэт диспансерым хэту япэу къызэIуаха сымаджэщым хэгъэзыхь хэмылъу, езыр хуейуэ абы Iухьа медсестра ГъукIэкъул Мадинэ.

Абы Черкесск къалэм дэт медицинэ училищэр 1993 гъэм къиухри, Къэрэшей-Черкес республикэ сымаджэщым сабий реанимацэмкIэ и къудамэм и гуа­щIэдэкI лэжьыгъэр щригъэжьащ. ИужькIэ, республикэм сабий цIыкIухэр къыздэхъу Унэм и анестезиологиемрэ реанимацэмэкIэ и къудамэм кIуэжащ. Абдеж ар медсестращ, операцэ зыщI гупым яхэтщ, анестезиологми и гъусэщ.

ЦIыхухэр гуныкъуэгъуэ хэзыдза уз зэрыцIалэр къызэрежьэу, зи лэжьыгъэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэ бзылъхугъэр гупсысэм хэмыту, мурад ищIащ цIыху­хэм зэрадэIэпыкъуфымкIэ япыкъуэкIыну.

— Сэ Iуэху тынш къэслъыхъуэу сеса­къым. Сыт щыгъуи а нэхъ здэмытыншым сыщыIэщ. ИкIи, япэу ковид-сымаджэщым кIуэну хьэзырхэр къыщыхатхыкIым, зыкъэз­гъэлъэгъуащ, си лэжьэгъу­хэри къыс­щIыгъуу. Дызыхуагъэсар аращ, ­тхуэщIэри аращ. НэгъуэщIуи хъунутэ­къым. Япэу ап­хуэдэ Iуэху дыпэрыувэну мурад щыт­щIам, абы ахъшэшхуэ гуэр щIатынуи псалъэмакъ гуэри щыIэтэкъым. Ар си къалэну къэс­лъытэу ар къудейт, — жеIэ Мадинэ.

Уз зэрыцIалэм епха сымаджэщым дежи, Мадинэ зыщылажьэр реанимацэ къудамэращ. Шэч хэлъкъым мыбдежми абы и лэжьыгъэр нэхъ гугъуу зэрыщытыр. АтIэ а къудамэращ зи узыншагъэкIэ нэхъ хьэлъэхэр зыщIэхуэр, «ажалымрэ гъащIэмрэ яку дэт гъунапкъэр» здыщагъэу­нэхур.

Махуэм сыхьэтих чэзукIэ лажьэ медсестрахэм мыбдеж къахудохуэ нэхъ хьэлъэ дыдэу сымаджэщым щыIэхэм якIэлъыплъыныр. Медицинэ хуэIухуэщIэхэм къинэмыщIауэ, сымаджэхэм я къабзагъри, я гъэшхэнри ахэращ къызэзыгъэпэщыр. Мыбдеж къахудэхуэ- къым Iуэхуншэу, уэршэру щыщыс да­къикъэ.

Япэу узыр къыщыхъеяуэ щытамрэ иджырэ зэхуэбгъадэмэ, Мадинэ зэрыжи­IэмкIэ, куэдым зихъуэжакъым. Сыма­джэ­хэр иджыри мащIэкъым. Ауэ, гъатхэм елъытамэ, иджыри ныбжь зиIэхэм нэ­хъыбэу къазэреуалIэр къыхегъэщ.

Сымаджэщым деж медицинэм и лэ­жьакIуэхэр зыпэщIэхуэ гугъуехьхэм къы­тепсэлъыхькIэрэ, Мадинэ жеIэ цIыху сымаджэр зэрыгуIэр уи нэгум зэрыщIэтым къинэмыщIауэ, езыхэм ящыгъ, зэ­рызахъумэ хьэпшыпхэр (СИЗ) зепхьэнри гугъу дыдэу зэрыщытар. Абы есэхун­кIэ, хуабжьу гугъу ехьахэщ. Уеблэмэ махуэ псом зыIуамыха респираторхэм нэкIухэр трихауэ, тыншу IэбэнымкIэ зэран хъууэ зэрыщытар игу къегъэкIыж. Ауэ, «псоми уосэж» жыхуаIэр пэжу къыщIэкIынщи, ахэри кърадзэжкъым. Реанимацэ къуда­мэм щылажьэ дэтхэнэмкIи насыпышхуэщ зэманыфIкIэ я нэIэм щIэта сымаджэ хьэлъэр хъужауэ щалъа­гъукIэ.

— Сыт хуэдэ лIэныгъэу мыбдеж къы­щыхъури, Iэмал имыIэу, зыхыдощIэ. Сыту жыпIэмэ, цIыхум уосэ. Ар нэхъыбэрэ щIэлъыхукIэ, ар псэкIэ гъунэгъу къыпхуохъу. Пэжщ, нэхъ хьэлъэхэм къару нэхъыби, зэмани ятыбогъэкIуадэ, ахэр нэхъ хуэныкъуэщи. Зэхэбдзкъым ахэр ныбжькIи. Ди лэжьэгъуэ пIалъэр дыуха нэужьи, зэхуэтщIурэ сымаджэхэм дащIоупщIэ. Ауэ, ахэр нэхъыфI хъужу интенсивнэ терапие къудамэм ягъэкIуэжу, уеблэмэ хъужыпэу щIыщIатхыкIыжым деж, ар дэркIэ гуфIэгъуэшхуэщ, абы дигу хегъахъуэ, — жеIэ Мадинэ.

Я лэжьыгъэр хьэлъэми, нобэ псэемыблэжу лажьэ медицинэм и лэжьакIуэ дэтхэнэми фIыщIэрэ щытхъурэ зэрахуэфащэм шэч хэлъкъым. Апхуэдэу къапэджэж сымаджэхэри куэдщ. ТхылъымпIэм тратхэурэ, телефонкIэ фIы­щIэ псалъэхэр къахуэзыгъа­нэхэр дапщэ? АбыхэмкIэ дэтхэнэ медицинэм и лэ­жьакIуэри лIыхъужьщ. Аращ зэрыщытри.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ.