Top.Mail.Ru

«Пандемием щIэблэ хуэхъу микроорганизмхэм нэужькIэ, нэхъ шынагъуэр пессимизмращ»

Image description

Чын къэралыгъуэм хыхьэ Iухьан къалэм къыщежьа узыфэм дуней псом зызэрыщиубгъурэ илъэсым нэхърэ нэхъыбэ тещIэжащ. Мы зы илъэс закъуэм дунейм гъащIэр щыумэзэхам хуэдэщ.

ЦIыхухэм я нэхъыбэр я унэм къикIи— къиплъи ямыIэу мэпсэу. Къалэшхуэхэми зыри щымыпсэужым хуэдэу фэ тетщ, уэрамхэр цIыхуншэщ, зэхэзекIуэ щIа­гъуэ щыIэжкъым. ЛэжьапIэм мыкIуэнкIэ Iэмал зимыIэхэр махуэ къэси гъуэгу тетщ, ауэ куэдри я унэ къимыкIыу лажьэ хъуащ. Зи Iуэху, зи лэжьыгъэ зыфIэкIуэдахэр гъащIэм къахуихьыну мыщхьэпэхэм тешыныхьу щIадзащ. Узыншагъэм кIэлъыплъхэм я гъащIэр къафIэмыIуэхужу цIыхухэм я щхьэпэ зэрырагъэкIынум иужь итщ.

Къэрал куэдым узышагъэм теухуауэ ягъэпса я системэр зэтекъутэным нэсащ. ЕджапIэхэм я пIэм компьютерхэр ирагъуващ. Экономикэм и щытыкIэри пщIэгъуалэу пхужыIэнукъым, зэтощащэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гуащIэу узыфэм зэхиудыныщIар цIыху цIыкIум я гъащIэрщ.

«Къаплъэ нэхърэ къиплъ», жаIэ адыгэхэм. Уеплъыпэмэ, цIыхухэм зэкъуэныгъэр къазэрытеуам, фIыуэ ялъагъу­хэр хуэзэшу зэрыхъуам, цIыхум хыхьэну, цIыху зэхэтыкIэу зэхэтыну хуейуэ дэтхэнэри щIэхъуэпс зэрыхъуам гу лъыумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дунейр зэщIэзыщта узыфэр къызэрежьэрэ я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэу къыхэхъухьахэр зыхуэдэр зэдгъэщIэну дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ хущхъуэ щащIэ IуэхущIапIэм и тет Абрэдж Ибрэхьим Iуйгун (45) пандемием и гъащIэм къыхилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ деупщIащ.

– Дунейр зэщIэзыщта узыфэр сыт хуэдизу къыплъэIэса? Уи унагъуэ IуэхухэмкIэ е уи лэжьапIэмкIэ (улажьэу щытмэ) сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыхилъхьа?

– ЦIыху сымаджэхэр куэд зэрыхъуам къыхэкIыу, хуабжьу дызэхуэсакъын хуейуэ зы щытыкIэ дитщ. Дэ дызыхъумэ аппаратхэм къинэмыщIауэ, сымаджэ­хэмрэ дэрэ ди дызэлъэмыIэсыну зэхуа­кум барьер дгъэуващ. Мыпхуэдэурэ дэри, ди чэнджэщэгъухэри, ди сыма­джэхэри хъума дохъур.

– Дауэ уеплърэ, мы узыфэр къызэрежьэрэ, цIыхухэр нэхъ зэкъуэт хъуа? Хьэмэрэ зэкъуича?

– Зэкъуэтыныгъэр нэхъ зэхэсщIэу сыпсэуащ. Ауэ, узыншагъэ теухуауэ зы Iуэху сытелэжьыхьурэ, сыкъэзыщIэ цIыхухэм гугъэ етыным, тегъэуным сригъэ­шащ, пэжым ухуеймэ. Мыбы пандемием къыдита стрессри щIыбгъужмэ, нэхъри дригъэшауэ жысIэфынущ.

– Дунейм щекIуэкI пандемием и ягъэкIэ уи гур щыкIуэд къы­хэкIрэ? Гузавэмрэ гужьеймрэ закъыIэщIэпхын щхьэкIэ, сыт пщIэр?

– Сигу згъэкIуэдакъым. Дунейм и тхыдэр пандемиекIэ зыщIэблащ, зигу зымыгъэкIуэдхэращ узыншэу къызэтенэнур. Пандемие нэужьым пессимист мыхъухэр зэфIэту къелынущ, Пандемием щIэблэ хуэхъу микроорганизмхэм нэужькIэ, нэхъ шынагъуэр пессимизмращ.

– Дунейр зыIэщIэзылъхьа узыфэр Iэсэ хъурэ ужьыхыжмэ, уи хьэл-щэным зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтауэ укъыщIи­дзыжыну къыпщыхъурэ? Сыт абыхэм ящыщу зызымы­хъуэжынур?

– Дезинфекцие щIыныр зы щэну къысхуинэну къысщохъу. Унагъуэм, щхьэгъусэмрэ бынымрэ, гу лъатэ абы.

– Узыфэ къекIуэкIыр ужьыхы­жыпа нэужь, япэ дыдэ зэфIэбгъэкIыну узэ­жьэр е узэгупсысыр сыт хуэдэ Iуэху?

– Си ныбжьэгъухэм нэхъыбэрэ сахуэзэну, сахэтыну сыхуейщ.