ФIыгъуэ мылъытэ
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим.
КIЫЩОКЪУЭ Алим и усыгъэхэм, и роман гъуэзэджэхэм яубзыхуащ зауэ нэужь илъэсхэм гъуэгуанэщIэ техьа къэбэрдей литературэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэмрэ и унэтIыпIэхэмрэ. Нобэрей ди литературэм и лъэпкъ фащэхэр, абы къыщIэлъ гъуэгуанэм и гъэзапIэхэр зыубзыхуар КIыщокъуэ Алимщ. ДэркIэ фIыгъуэ мылъытэщ Алим къызэринэкIа дэтхэнэ тхыгъэри — ахэр гъэнщIащ гупсысэр зыгъэлажьэ, гъащIэмрэ зэманымрэ я куупIэр зи лъабжьэ псалъэмакъкIэ. Тхыдэр игъэбатэми, нобэрей дунейм и шыфэлIыфэр, и зэхэлъыпIэхэр, и унэтIыпIэхэр игъэнахуэми, Алим и къалэмым цIыхум и гущIэ-лъапсэм дрегъаплъэ, абы и фэм дэкIымрэ и гум щыщIэмрэ ди пащхьэ кърелъхьэ.
Алим и тхыгъэхэращ къэбэрдей литературэм и цIэр къэралым, дуней псом щызыгъэIуар. Ди литературэр зи лъабжьэр куу, зи пщIэр лъагэ художественнэ хъугъуэфIыгъуэ хъуамэ, ар, псом япэрауэ, зи фIыщIэр КIыщокъуэрщ.
Алим и цIэр зэи щыгъупщэнукъым адыгэм — апхуэдэ цIыхур уахътыншэщ. Ди лъэпкъым ар хуэупсащ нэр темыпыIэу зызыужь XX лIэщIыгъуэ хьэлъэм и гупсысэ жанхэмкIэ гъэнщIа, зэманым ди пащхьэ къригъэувэ упщIэхэм я нэхъ гугъуми жэуап зыщагъуэт тхыгъэ телъыджэхэмкIэ.
КIыщокъуэ Алим пщIэшхуэ зиIа, цIыхугъэ лъагэрэ лIыгъэ мыкIуэщIыжрэ зыхэлъа цIыхуу щытащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ бгъэдэувэми, ар псоми къахэщырт и гуащIэр зэрыинымкIэ, зэрыцIыху пэжымкIэ — абыкIэ щапхъэт Алим дапщэщи.
Къэралым хуэфащэ пщIэ къыхуищIащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэм и гуа-щIэдэкIым — Алим къыфIащащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр, РСФСР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ цIэ лъапIэр зэрихьащ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.