Top.Mail.Ru

КIуэкIуэ Валерий Мухьэмэд и къуэр

Image description

КIуэкIуэ Валерий Мухьэмэд и къуэр 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 18 КъБАССР-м хыхьэ Тырнауз къалэм къыщалъхуащ.

Курыт еджапIэм къыщIэкIа нэужь, абы и щIэныгъэм щы­пищащ Къэбэрдей-Балъкъэр университетымрэ Ростов дэт парт еджапIэ нэхъыщхьэмрэ.

1964 ГЪЭМ, къэрал уни­верситетым къыщIэкIа нэужь, Бахъсэн щIыналъэм щыщ «Лэ­жьыгъэм дихьэх бгырыс» колхозым и агроном мэхъу. Мэ­къумэш хозяйствэм и экономикэмкIэ Союзпсо щIэныгъэкъэхутакIуэ институтым и аспи­рантурэр къиухри, 1970 гъэм щыщIэдзауэ абы уна­фэщI IэнатIэр щиIыгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм, иужькIэ — «Лэскэн» совхозым. 1974 гъэм щыщIэдзауэ илъэ­си­бгъукIэ абы Аруан щIыналъэм и тхьэмадэ IэнатIэр ири­хьэкIащ. А лъэхъэнэм IупщI хъуащ КIуэкIуэм бгъэ­дэлъ цIыху хэтыкIэ Iэзагъыр, лэжьыгъэ зэфIэхыкIэм хилъхьэ акъылымрэ жанагъым­рэ. ЦIыхухэм я гъащIэр ефIэкIуэн папщIэ, зыхуигъэу­выжа мурадхэм зэрылъэIэсыфри наIуэ къэхъуащ.

1985 гъэм Валерий хах Къэ­бэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару, иужькIэ — и етIуанэ секретару. Мэкъумэш-промышленнэ комплексым и зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм унафэ щызэригъэкIуэху, КIуэ­кIуэм лэжьакIуэ гупыр IэщIагъэм щIэуэ къыхэхъуа Iэмэ­псы­мэхэр, Iэмалхэр къагъэсэбэ­пыным хуиунэтIырт.

1989 гъэм ар хахащ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару, абы къыдэкIуэу — 1990 гъэм и фо­кIадэ мазэм щегъэжьауэ — КъБАССР-м и Совет Нэхъыщ­хьэм и Уна­фэщIу. Къэралым и зыу­жьыныгъэм и зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ гугъум щыгъуэ псом хуэмыдэу IупщI къэ­хъуащ абы хэлъ Iущагъымрэ жыжьэ куэцI­рыплъыфу зэрыщытымрэ. Зэкъуэтыныгъэмрэ жылагъуэ зэгуры­Iуэныгъэмрэ хъума хъун папщIэ, 1991 гъэм абы езым и фIэфIыныгъэкIэ къи­гъэнауэ щы­тащ КъБАССР-м и Совет Нэ­хъыщхьэм и УнафэщI къулыкъур. МазиплI фIэкIа дэмыкIыу, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ар хахащ респуб­ликэм и япэ Президенту.

КIуэкIуэ Валерий ири­гъэкIуэ­кIа политикэ зэпIэзэ­рытым и фIыгъэкIэ, КъБР-м жылагъуэ зэрыхьзэрий къэ­мыхъуу, къэзэринэкIауэ щы­тащ къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм я япэ лъэхъэнэ гугъур. Ар ерыщу елIэлIащ республикэм щы­псэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, абыхэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэнымрэ гъэбыдэн Iуэхум.

КIуэкIуэр и фIэщу и телъхьэт Урысей Федерацэр зыуэ щытыным, къэралы­гъуэр федерализмэ нэсым и хабзэхэм тету ефIэкIуэн плъапIэм. Валерий ящыщащ УФ-м и зэкъуэтыныгъэмрэ ар зыуэ щытынымрэ хъумэныр зыфIэзахуэ жэрдэмщIа-кIуэ жыджэрхэм. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къэ­кIуэнур абы зыхилъагъуэр Урысейм быдэу къуэтынырт, пыщIэныгъэ зимыIэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэм я хуэмэ­бжьымэ сыт хуэдэхэми я бийуэ къэувырт. КIуэкIуэ Валерий Къэ­бэр­дей­-Балъкъэрым, апхуэдэуи Урысей Федерацэм щIы­хьышхуэ щиIэт. ФедерацэмкIэ Советым и Уна­фэщIхэм щахэтым, ар жыджэру хэлэ­жьыхьырт мыхьэнэшхуэ зиIэ къэрал унафэхэр зэ­хэлъ­хьэнымрэ гъэзэщIэнымрэ.

Валерий и лэжьэкIэм цIы­ху­хэми къэралми я деж пщIэ щигъуэтащ. Абы къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр; Гуа­щIэ­дэкIым и Бэракъ Плъы­жьым, Жэпуэгъуэ Ре­во­лю­цэм, ЩIыхь Дамыгъэм, Зэ­ныбжьэ­гъугъэм я ор­денхэр.

ГЪУКIАКЪУЭ Инал.