ЕМЫНЭМ КЪЕЛАР ХЪУМБЫЛЕЙМ ЕХЬЫЖ
Пащтыхьым и дзэлIхэм зэрахьэ леймрэ залымыгъэмрэ ягу темыхуэу, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдейхэм зыбжанэрэ зыкъаIэтащ, я хэкур яхъумэн папщIэ.
Кавказым и дзэпщ Цициановым къэбэрдейхэм къахуитхащ: «Си лъыр къокъуалъэ, мафIэм пэрыт лэгъуп хуэдэ, си пIэ сизагъэркъым, сыкъытреч, фи лъахэр сэхъуахэм ялъкIэ згъэнщIыну… Фыпэплъэ, вжызоIэ сэ, мыжурэмрэ топышэмрэ, псыхьэлыгъуэ хуэдэ згъэжэнущ фи лъыр — аращ сэ си хабзэр. Фи лъахэм псы утхъуакъым щежэхынур, атIэ фи лъымкIэ иIа псы плъыжьыбзэщ».
Цициановым и псалъэр игъэпэжащ: дзэ къариутIыпщащ къэбэрдейхэм, ялъ игъэжащ. Генерал Глазенап 1804 гъэм дзэшхуэ къришажьэри, къэбэрдейхэм зауэ гуащIэ къащрищIылIащ Хъумбылей псым и Iуфэм. Абы и ужькIэ Къэбэрдейми кIахэ адыгэхэми къезэуащ генерал Булгаковыр — абы и дзэм зэтрикъутащ, игъэсащ адыгэ къуажэ щитI, цIыху минипщI зэтраукIащ. Хъумбылей псыр лъыкIэ иIауэ ежэхащ тхьэмахуэм щIигъукIэ. Абы и пэIуэкIэ емынэ узым лъэрыщIыкI ищIа къэбэрдейхэр Хъумбылей деж зэрыщызэтраукIам къыдежьащ «Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж» псэлъафэр.