Top.Mail.Ru

Бзэм теухуа тхьэмахуэр

Image description

Хьэбэз къуажэм дэт зи N 1 курыт еджапIэм мы гъэм гъатхэпэм (мартым) и 4 — 7 махуэхэм къриубыдэу адыгэ­бзэмрэ литературэмрэ теухуа егъэджэныгъэ дерсхэр, олимпиадэхэр, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр, дерс зэIухахэр ирагъэкIуэкIащ.

Къыхэгъэщыпхъэу къыдо­лъытэ мы еджапIэм анэдэлъху­бзэр джыным сыт щыгъуи гу­лъытэ хэха зэрыщыхуащIыр. Егъэджэныгъэ программэм къриубыдэм къинэмыщIауэ, классщIыб лэжьыгъэшхуи ирагъэкIуэкI. АбыкIэ зыхуэныкъуэ псори яIэщ: егъэджакIуэ емы­шыжхэр, абыхэм я гупсысэ, мурад щIэщыгъуэхэр ядэзыщтэ, сыткIи щIэгъэкъуэн яхуэхъу уна­фэщI Гъуэщокъуэ Маринэ, анэдэлъхубзэр джыным хуэпабгъэ еджакIуэхэр.

Адыгэбзэмрэ литературэм­рэкIэ мы еджапIэм щезыгъаджэ егъэджакIуэхэм нэIуасэ фахуэтщIмэ ди гуапэщ. Ахэр: Къэрэшей-Черкесми, адэжкIи фIы дыдэу къыщацIыху, бзэр егъэ­джыным псэемыблэжу хуэла­жьэ, республикэ «Адыгэбзэ Хасэм» и пашэ Шэрджэс Рась­ят, еджапIэм и методическэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Туаршы ФатIимэт, бзэм ехьэлIауэ лэ­жьыгъэфI зэфIэзых Сидакъ Светэ, Акъ Софье, Пхъэш Шарифэ сымэ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы гъэм районым щекIуэкIа зэхьэзэхуэу адыгэбзэмкIэ егъэ­джакIуэ нэхъыфIыр щаубзыхуам деж етIуанэ увыпIэр къызы­хуагъэфэща Туаршы ФатIимэт.

АтIэ, махуэ къэс ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, ят дерсхэм къинэмыщIауэ, сыт хуэдэ IуэхухэмкIэ мы гъэм къыхагъэща адыгэбзэм и Махуэр, абы хуэкIуэу сыт зэфIахар?

— Къапщтэмэ, класс псори къыхэтшащ бзэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм. «Си псэу, си адыгэбзэ» сочиненэ зэхьэзэхуэ, «Ди бзэм и лъэщагъыр ди щIэблэм зыхыдогъащIэ» классщIыб лэжьыгъэ, «Псэм ипэ напэ» дерс зэIуха, «Ди блэкIам дыщIоплъыкIыж» зи фIэщыгъэцIэу музейм ще­кIуэкIа дерс, нэгъуэщI куэди къызэщIедгъэубыдащ мы Iуэхум.

Е 10-нэ классым щеджэ Арэшыкъуэ Iэсият «Живая классика» зи фIэщыгъэцIэ район зэ­хьэзэхуэм е 2-нэ увыпIэр къыщихьащ. «Адыгэхэр — хэт ахэр?» жыхуиIэ зэхьэзэхуэ щыIащ. Класс нэхъыщIэхэм щеджэ цIыкIухэм я тетрадхэм я зэхьэзэхуэ едгъэкIуэкIащ. НэхъыщIэ классхэм щезыгъа­джэхэми бзэм ехьэлIауэ сабийхэм лэжьыгъэшхуэ драгъэ­кIуэкI. Хъупсырокъуэ Фатимэ е 4-нэ «а» классым адыгэбзэмкIэ дерс зэIуха щригъэкIуэкIащ.

«Адыгэ, псалъэ», «Адыгэ щIыналъэ» зи фIэщыгъэцIэ стен­газетхэр ягъэхьэзыращ класс нэхъыжьхэм щеджэхэм, ари зэхьэзэхуэ щIыкIэм иту екIуэ­кIащ. НэхъыщIэхэр хэлэжьы­хьащ жьэрыIуатэ сочиненэ зэхьэзэхуэм. АбыкIэ нэхъыщхьэу дыубзыхуар сабийхэм бзэр зэрагъэIурыщIэращ, псалъэхэр къызэраупсэлъращ, — дыщегъэ­гъуазэ Хьэбэз къуажэ курыт еджа­пIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Кхъуэхъу Линдэ.

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, бзэр кIуэдыжыным тешыныхь дэтхэнэми ди гукъеуэ нэхъыщхьэри къыхигъэщащ Кхъуэхъу Линдэ.

КъинэмыщIауэ, Кхъуэхъум дызэрыщигъэгъуэзащи, мазаем (февралым) щегъэжьауэ иджырэ къэс еджапIэм дерс къэскIэ теухуа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэ­кIащ. Гъатхэпэ мазэм и кIэм ахэри, адыгэбзэм ехьэлIа Iуэ­хугъуэхэри къапщытэжынущи, нэхъыфIхэм, нэхъ къыхэжаныкIахэм ЩIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэт гуэрхэри щIыгъуу, иратынущ. Ари щIэблэр бзэм къыхуэгъэушыным, тегъэгушхуэным и зы Iэмалщ, атIэ.

Адыгэбзэм ехьэлIа Iуэхухэм я кIэухыу, гъатхэпэм и 14-м сочиненэ ятхынущ. Абы хэтынущ еджакIуэхэри егъэджакIуэхэри, анэ-адэхэри. Ар зи жэрдэмыр «Адыгэбзэ Хасэращ», абы и пашэ емышыж Шэрджэс Рась­ятщ. Мы диктантым и мыхьэ­нэ нэхъыщхьэр — бзэр щIэблэкIэрэ зэрызэIэпах, бынымрэ, адэ-анэмрэ бзэр зэрагъэшэрыуэр къэхутэнращ.

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ. Сурэтым: Туаршы ФатIимэт еджапIэ музейм щрегъэкIуэкI «Ди блэкIам дыщIоплъыкIыж» дерс зэIухар.