Top.Mail.Ru

Паспорт плъыжьыр къыIэрыхьащ

Image description

Нухь (Чыл) Шаззия Сирием къиIэпхъукIыжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым къекIуэлIэжауэ щы­тащ абы зауэр къыщыщыхъеям щыгъуэ. И лIакъуэр къыщежьауэ щытащ Хьэтууей къуажэм.

XIX лIэщIыгъуэм, Кавказ зауэр иуха нэужь, Хэкур зыбгынэну къызыхуихуахэм ящыщт къызытекIахэр. 2023 гъэм, зауэ лыгъэр щхьэусыгъуэ хуэхъуами, абы и зы хъуап­сапIэ къэхъуащ: игъащIэм имылъэгъуа бгыжьхэм къахуэкIуэжащ. И адэри, и адэшхуэри псэуху щIэхъуэп­сат а бгыхэм я напэлъагъум.

Бзылъхугъэр илъэсихкIэ щыпсэуащ «Терек» санаторэм.

ИужькIэ, фэтэр къыхуащтэри, абы Iэпхъуащ. Илъэс 92-м ит Шаззия Урысейм и цIыхуу щытынымкIэ и дэфтэрхэр зэрызэхуэмыхъум къыхэкIыу, илъэс зыбжанэ хъуауэ Къанокъуэ Арсен абы пенсэу ирет сом мин 15, зыщIэс фэтэрми и бэджэнд уасэр хурет. Бзылъху­гъэм и гуфIэгъуэ нэпсхэр къыщIож Къано­къуэм фIыщIэ псалъэхэр щыхужиIэкIэ. Ар йохъуэхъу фIыкIэ гу къылъы­зыта, къыдэIэпыкъуа псоми. «Си жьы хъугъуэм утыкум сыкъранакъым цIыху­хэм. Сыту куэд сэбэп къысхуэхъуа, сыту куэд къысхуэгузавэрэ, сыту куэдым фIыщIэ яхуэсщIрэ! Абыхэм я фIыгъэкIэ сэ иджы жысIэфынущ «Си унэ секIуэлIэжащ!» Ар куэд и уасэщ. Зы закъуэщ сигу щIэныкъуэжыр: тхылъ плъыжьыр — мы къэралым и паспортыр къыс­Iэрыхьа­тэмэ…» — жиIат Шаззия.

Иджыблагъэ Шаззия къыIэрыхьащ зыщIэхъуэпса паспорт плъыжьри. Зи хэкур зыгъуэтыжа адыгэ бзылъхугъэм и нэгум щIэкIа псори зэпелъытыж, псэкIэ игъэвахэр игу къегъэкIыж, гулъытэ къыхуэзыщIахэм йохъуэхъури, жьыщхьэмахуэ хъуауэ къелъытэ.

ГЪУЭТ Синэ.