Top.Mail.Ru

«Ар шыблэкъым, топауэ макъщ...»

Image description

Лохвицкий Михаил (Аджыкъу-Джэрий) совет, куржы тхакIуэ цIэрыIуэщ. Ар езыр и лъэпкъкIэ шапсыгъ адыгэщ. Хэку зауэ иным хэтащ хы лъэсыдзэм и зауэлIу. Тхылъ куэд къыдигъэкIащ, абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ хъуащ «Громовый гул» тхыдэ повестыр.

Михаил Юрьевич «Ленин нур», иджы «Черкес хэку» газетым и редакцэм къытхуеблэгъауэ щытащ. ГъэщIэгъуэн куэд къыджиIат и къекIуэкIыкIам, и творчествэм теухуауэ. А зэIущIэр дигу къинэжащ. Апщыгъуэм къыджиIат «Поис­ки богов» романыр зэригъэхьэзырыр.

Романыр къыдэкIащ тхакIуэр дунейм ехыжа нэужь. Ар теухуащ адыгэ джэгуакIуэ Уэзырмэсрэ абы и щхьэгъусэ дахащэ Чэбэхъанрэ Кавказ зауэм пэIэщIэу, насыпыфIэу псэун я гугъэу мэзым зэрыщIыхьэжам, бгым зэрихьэжам. Ауэ топауэ макъыр уафэ гъуагъуэ макъыу дэни щыIут…

Романым щыщ пычыгъуэ цIыкIуитI фи пащхьэ идолъхьэ.

… Ахэр бгы щхьэдэхыпIэ мылъагэм дэкIри, дыхьащ къуэ псыIэм. Бгы нэхъ лъагэм щхьэдэхри, аргуэру дыхьэжащ къуршыпс нэжэгужэ цIыкIур даущу мывэхэм здыхэж псыхъуэ цIыкIум. Уэзыр­мэс игу къэкIыжащ жэщи махуи и къуажэм щыдаущ псыкъелъэр, мафIэ лыгъэм зэщIищта унэхэр… Ахэр апхуэдэу зыкъапхъуатэу къемыжьамэ, къыщIэмыIэжамэ хъунутэкъэ? И адэм сытыт ищIэнур апхуэдэм деж? Чэбэхъан хуеплъэкIащ. Ар псынщIэу, гугъу емыхьу бакъуэт, ауэ и нэгум иплъагъуэт зэрешамрэ гукъыдэж щIагъуэ зэримыIэмрэ.

«Зыдогъэпсэху!» — яIыгъ хьэпшып зэкIуэцIыпхамрэ щIакIуэмрэ удзым хилъхьэри, езыр тетIысхьащ псыежэхым «къибзеихьа» псыхъуэ мывэм. Чэбэ­хъан зиплъыхьри, абы къыбгъэдыхьащ, дей жыг къудамэм шыкIэпшынэр фIидзащ, уэшхымрэ жьыбгъэмрэ псы Iуфэм щызэтрахьа нэгъабэрей удз гъуахэр три­лъа­щIэри, щIакIуэр иубгъуащ. ИтIанэ къызэ­кIуэцIихащ лы гъэварэ пIастэрэ,

къи­гъэхьэзыращ гъуаплъэ къубгъанрэ теп­щэчитIрэ. Псы Iуфэм Iухьэри, я Iэхэр ятхьэщIащ. Уэзырмэс къигъэзэжри, и псыхъуэ мывэм тетIысхьэжащ. Чэбэ­хъан мывэхэм тепкIэурэ мэз бжэну псым зэпрыжри, адрыщI мэзым щIэлъэдащ.

Иджы ар дауэ къриджэжыну? Фызым и цIэр жаIэ хабзэкъым, абы йоджэ нэгъуэщIыцIэкIэ, хамэ щытмэ, гушыIэ щIыкIэу, псалъэм папщIэ, псыгъуэ цIыкIум — быртIымкIэ, Iэ псынщIэ-лъэ псынщIэм — хуэмыхукIэ, езыхэм я закъуэ къызэхуэнамэ — гъэфIэгъыбзэкIэ. СэкIэ лы кIапэ къыпигъэжри, едзэкъащ. Чэбэхъан къигъэзэжащ, аргуэру и Iэхэр итхьэщIыжри, къубгъанкIэ псы къыхуихьащ. Уэзырмэс ишхам псы трифыхьыжри, хъуэхъуащ: «Уи IэхэмкIэ бгъэхьэзыра ерыскъыр сыт щыгъуи IэфIу щрет. Бгыхэмрэ уэгумрэ псым худэу фIыуэ укъаулъагъу! «Уи хьэлэлщ», — жэуап къритыжащ бзылъхугъэм.

Зэран хуэмыхъуу Чэбэхъан игъэшхэн папщIэ, Уэзырмэс зыкъиIэтри псы Iуфэм Iухьащ. Гу лъитащ мэзым къыхэкIыу псы Iуфэм къакIуэ щыхьхэм IуаутыкIа лъагъуэм. Мы мэзым хьэкIэкхъуэкIэхэр щыкуэдщ. Абырэ Чэбэхъанрэ мэжэлIэнкъым, шабзэрэ шабзэшэхэмрэ ягъуэ­тамэ, нэхъыфIыжт фоч, шэгынрэ шэ­хэмрэ зыIэрагъыхьэфамэ. Игу къэкIыжащ Чэбэхъан къызэреупщIауэ щытар: ша­бзэкIэ, фочкIэ уэфрэ езыр…

Дэнэ псэупIэ щащIыну? Нэхъ жыжьэу IукIахэмэ нэхъыфIт… Сытми, ялъагъунщ адэкIэ. Пщэдейрей Iуэхухэр, угузавэу уемыжажьэу, махуэр къэунэхумэ пщIэмэ нэхъыфIщ. И сабиигъуэм IэжьэкIэ бгым къыщежэхкIэ, ар зэгуэрэми егупсыстэ­къым къыздэувыIэжыну щIыпIэм. Апхуэ­дэу зэгуэрым теплъэкъукIри, псым хэлъэдауэ щытащ. И анэр къыхуэгубжьат, ауэ и адэр удзыфафэ къызыщIэуэ и щхъуэнчынэхэмкIэ ауану къыжьэхэп­лъат.

Абы къигъэзэжащ. Чэбэхъан шхын къэнэжахэр Iуихыжри, щIакIуэри зэкIуэ­цIилъхьэжат. Пэщащэ макъ къэIуащ, Уэзырмэс пхъуэри Чэбэхъан и Iэр иубыдащ. Бзылъхугъэр и пIэм ижыхьащ. Псы адрыщIымкIэ дей мэзым къыхэщащ бжьакъуэ папцIэхэр. Даущ имыщIу ба­къуэурэ псы Iуфэм къыIухьащ щыхь. Шынагъуэ щимылъагъум щыхьым щIи­дзащ псы ефэн. Абы кIэлъыкIуэу псы Iуфэм къыIухьащ бжьакъуэ зытемыт щыхьищ. Сабий къуейщIейхэм яхуэдэу зэдэджэгуу щIадзащ. Уэзырмэс шабзэ е фоч иIыгъамэ, зы щыхь къиукIыфынут. НэхъыфIт нэхъ иныр, нэхъ пшэрыр къи­щэкIуамэ. Ар хуеплъэкIащ псэущхьэхэм ядихьэхыпауэ якIэлъыплъ Чэбэхъан. Уэзырмэсрэ Чэбэхъанрэ замыгъэхъей пэтми, щыхьхэр псым Iужыжри, мэзым хэлъэдэжащ.

—«Апхуэдэу гъунэгъуу ахэр зэгуэрэми слъэгъуакъым», — Iущэщащ Чэбэ­хъан. Уэзырмэс аргуэру мывэм тетIыс­хьэ­жащ: «Сэ зыгуэр бжесIэнут, си Iэдииху. Ар нэхъ иужьыIуэкIэ пхуэсIуэтами хъунут, ауэ шэхур яIуэт, ар пщтыр щыщкIэ. Уэ зэхэпхауэ къыщIэкIынщ, цIыхум зи выгу исым и уэрэд жеIэ. ДяпэкIэ уэрэ сэрэ зы выгум дисынущ. Зэтехуэу дызэдежьууэ уэрэд къидмышмэ, выгум и шэрхъыр щIэхункIэ зы хуэIуакъым… Уэ укъызэупщIащ, Iэщэ бгъэбзэфрэ, жыпIэри. Си адэшхуэр джэгуакIуэщ, си адэ джэгуакIуэми игъа­щIэми Iэщэ къищтакъым, цIыхуи иукIа­къым. Уэ уадихьэхащ пщащэм хуэдэу дахэ щыхьхэм. Уэрэ сэрэ, ди сабийхэр мымэжэлIэн папщIэ, сэ Iэщэ къасщтэу а псэущхьэ дэхащэхэр къэзукIын къысхудэхуэнущ. ИкIи уэ угуфIэнущ шэрыуэу сатехуэмэ. Пэжкъэ?» Чэбэхъан етIысэхри, псыежэхыр къызыщIэщ и нэхэмкIэ къыIуплъащ: «Пэжщ. Сыт абы ущIытепсэ­лъыхьыр? ЦIыхухъухэр псори мэщакIуэ. Езыр а дахэхэр къыщIэбукIын щыIэкъым, мэзым къыщажыхь нэгъуэщI хьэкIэк­хъуэкIэхэми, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, тхьэкIумэкIыхьхэм…»

«ЩIылъэм къыщакIухь цIыхухэм. Абы­хэм яхэтщ дахэхэри, теплъаджэхэри, жьыхэри, щIэхэри, гуапэхэри, бзаджэхэри… Сэ жысIагъэххэщ зэгуэрэми цIыху зэрызмыукIар. Ауэ уэрэ сэрэ жыгей лъабжьэм дыщыщIэтым, сыхущIегъуэжат щхьэ куэд зыпыт иныжьу е къуажэ псо езыгъэнтIырэхыфыну, зи лъымкIэ зы­гъэсыфыну благъуэу сызэрыщымытым. Уэ пщIэтэкъым сэ сызэгупсысыр, уэ уи жагъуэ хъууэ къыщIэкIынт щхьэгъусэу къыхэпха лIым Iэщэ зэрызэримыхьэр, ар и щхьэгъусэм и адэмрэ анэмрэ къащхьэщыжын папщIэ и Iэщэм зэремыпхъуэфынур…»

* * *

…Пщыхьэщхьэм зы гуэугъуэ-гуэу­гъуитIкIэ къуажэм пэгъунэгъу щыхъужахэм, уафэгъуагъуэ макъ къэIуащ. Чэбэхъан къэуIэбжьауэ уафэм дэплъеящ. Уафэгъуагъуэ макъыр зэкIэлъы­кIуэт мыувыIэу. Уэзырмэс хэгупсысыхьауэ жиIащ: «Ар шыблэкъым, ар топауэ макъщ. Ауэ абыкIэ къуажэхэр щыIэкъым. Хэт, атIэ, ахэр зэзауэр? Уэ ущыгъуазэщ, унагъуэм щIалэ цIыкIу къихъухьмэ, фочкIэ уэнжакъым йоукI, шейтIанхэр IуагъэщтыкIын папщIэ. Урысхэм ма­хуэщI гуэр ягъэлъапIэмэ — щэ…»

Чэбэхъан IупщIакIэ ищIащ: «Абыхэм къуажэм зэрытекIуар ягъэлъапIэу къыщIэкIынщ. Ди зы зауэлIым сэлэтипщI — тIощI къыпэщIэтщ…»

ЗэзыдзэкIар ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ