Top.Mail.Ru

Дыхуейкъым зауэ!

Image description

Зауэ… ЩыIэкъым мы псалъэм нэхърэ нэхъ дыдж. Адыгэ лъэпкъым куэд и нэгу щIэкIащ, гугъуехь Iэджи зэпичащ, Кавказым куэдрэ къращIэкIауэ щытащ лъыгъажэ зауэхэр. Пащтыхьыр хуейт ди жэнэт щIыналъэр иубыды­ну. Ауэ илъагъуну хуейтэкъым бгырысхэр, псом хуэмыдэу, адыгэхэр.

И щхьэхуитыныгъэр псом япэ изыгъэщ лъэпкъ пагэр теувэн хуей мэхъу Истамбыл гъуэгум. Абыхэм языныкъуэхэр зэтраукIащ, куэдыщэ хы ФIыцIэм хэкIуэдащ, нэхъыбэжи уз зэрыцIалэ къайуалIэри ихьащ. Къэнэжар хэхэсу хамэ къэрал 50-м щIигъу щокIуэдыж.

Куэд ирагъэшэчащ адыгэ щIыгум, ар нэпскIэ псыхьащ. Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIащ адыгэхэм лъапсэрых къахуэзыхьа Кавказ зауэр. Ар зауэхэм я нэхъ кIыхь дыдэу, нэхъ зэрыпхъуакIуэ дыдэу щытащ. Тхыдэтххэм къызэралъы­тэмкIэ, зауэм хэкIуэдам нэмыщIу, адэжь хэкур ирагъэбгынащ ди лъэпкъым и процент бгъущIым. Адэжь щIыналъэм къинэжар Iыхьэ пщIанэращ. Адыгэхэр зытекIуэдар я хэкум и хуитыныгъэщ.

Дэ, щIалэгъуалэм зэи зыщыд­гъэгъупщэкъым ди лъэпкъыр кIуэ­дыкIей зэрыхъуар. Ди къалэнщ къарууэ диIэр ди лъэпкъыр егъэ­фIэкIуэным хуэдунэтIыным. Дэ дефIэкIуэнущ ди хэкур щIэращIэмэ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъ­хэм дадекIуу дыпсэумэ, мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм дыхуэпсэумэ. Ирокъу ди лъэпкъым нэщIэбжьэу илъэгъуар. Дыхуейкъым зауэ!

КIЭДЭКIУЕЙ Рэхьмэт, ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм и «Сэтэней» кружокым хэтщ.