Top.Mail.Ru

Тхыдэмрэ хьэпшыпымрэ зэрызэпыщIар

Image description

Сыт хуэдэ лъэпкъми иIащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абы­хэм пхрыкIыфам дунейм увыпIэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэп­къым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икIи дэтхэ­нэ ди япэ ита нэхъыжь зым дежкIи лъапIэщ ахэр.

Адыгэр тенджыз ФIыцIэм щызэпрашым и гугъакъым абы и лъахэ илъагъужыну. АрщхьэкIэ лъэпкъ уардэм и щIэблэр абыи къызэпрыкIыжыфащ, и Хэкум и фэеплъу ихъума хъугъуэфIы­гъуэхэри (адыгэ хьэпшыпхэр) къызэпришыжыфащ. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм къэзыгъэ­зэжауэ илъэс куэд щIауэ щы­псэу, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид.

Нэхъыжьым зэхуихьэсыжа, ихъума дэтхэнэ хьэпшыпми адыгэ унагъуэр зэрыпсэууэ щытар уи нэгу щIагъэкIыфынущ. Псалъэм папщIэ, зэрыдэу щыта машинэм зы цIыхубз IэпщIэ­лъапщIэу къыщIэкIынкъым зэгуэр бгъэдэсар. Гъуаплъэм къы­хэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, цIыхухъум зэрихьэу щыта цейр, джанэр, щхьэрыхъуэныр, бащ­лъыкъыр — псоми зэманыжьым ижь къащIихуащ, лIэщIыгъуэ куэдым къыпхрыкIащ. Адыгэр зыхуэIэзэу щытахэм, дауи, ящыщщ лъэпкъ макъамэ Iэмэ­псымэхэр. Мэжид иIэщ шыкIэпшынэ лIэужьыгъуэхэри Iэпэ пщыкIух зиIэ адыгэ пшынэри. Апхуэдэуи куэд и уасэщ къамэ зэхуэмыдэхэр зэрызэхуихьэ­сыфар.

Нэхъапэм дэтхэнэ адыгэми и пщIантIэм удыхьамэ, зы лъэ­ныкъуэмкIэ шы уанэр щызэ­щIэлъу урихьэлIэу щытащ. Уна­гъуэ къэс къагъэсэбэпырт цыкIуэкIыр, Iэнэ лъакъуищыр, фэ­тыджэн уэздыгъэр, арджэнхэр, шыкIэпшынэхэр — ди тхыдэм уриплъэжын щхьэкIэ абыхэм нэхъыбэ ухуейкъым. IутIыжым апхуэдэ и гъэтIылъыгъэхэр Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэ­лIэу щигъэлъэгъуауэ щытащ модельер Сэральп Мадинэ Налшык къалэм щиIэ Арт-­центрым.

IутIыжым зэхуихьэса хьэп­шыпхэр щыхьэт тохъуэ Тыркум, Сирием, Иорданием адыгэхэр зэрыщыпсэуа щIыкIэм, абыхэм я хабзэр зэрахъумам, лъэпкъым и тхыдэр я гупсысэкIэ, IуэхукIэ нобэм къызэрахьэсам. IутIыж Мэжид езыр ящыщщ хэхэс гъа­щIэм и бэлыхьыр зышэчахэм, атIэми Хэкум ар къыхуэкIуэжащ и бзэр, и щэнхабзэр ихъумауэ.

— Ижь-ижьыж лъандэрэ ­лъэпкъ пагэу, пщIэ къыхуащIу къэгъуэгурыкIуа ди нэхъыжьхэм я цIэкIэ тхузэфIэкI IуэхуфI длэ­жьын хуейуэ ди языхэзми и къалэну къызолъытэ, — жеIэ IутIыж Мэжид.

— Тхыдэр тхауэ щыIэщ, абы уеджэфынущ. АрщхьэкIэ пасэ зэманым лъэпкъым къыдекIуэкIа хьэпшыпхэр щыплъагъукIэщ, ущеIусэкIэщ псэм нэхъыбэ щызыхищIэр. Сэ си лъэпкъыр згъуэтыжащ, си къуэпсхэр къыщежьэ Хэкум сыкъихьэжри. Хьэпшып зэхуэс­хьэсахэм я гугъу пщIымэ, пса­лъэм папщIэ, зы уанэм илъэсиплIкIэ Тыркум сыщыкIэлъыкIуа къэхъуащ. Гугъуехьыр пщхьэщокIуэтыж уи псэм щыщ Iыхьэ къыпIэрыхьэжа иужькIэ. Ди лъэпкъым ехьэлIа хьэпшыпхэр Тыркум щызэхуэсхьэсыжын къыщIэздзэри, Хэкум сыкъэкIуэ­жа иужькIи а лэжьыгъэм си гум фIэфIу пысщащ. Ди адэжьхэм нэхъ пэгъунэгъу дызыщI хьэпшыпхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. Хьэпшыпхэм зы бгырыпх яхэлъщ, адрейхэм хуэмыдэу згъэлъапIэу. ЩIэинхэр зэхуэхьэсыжыныр сэ абыкIэщ зэрыщIэздзар. Хьэпшыпыжьхэр щащэхуж зэмант, арщхьэкIэ ар зи дахагъэр сэ унагъуэм схущIе­гъэхатэкъым. СыщIалэ дыдэу абы и уасэр къызэрызгурыIуам нобэ сыщогуфIыкIыж. Пэжыр жыпIэмэ, а бгырыпхыр къы­зыхуэзгъэнэн щхьэкIэ щIы­хуэ къыстехуар илъэситIкIэ спшыныжыфауэ арат. ИтIанэщ си анэм ар и пащхьэ щислъхьар... Шапсыгъым сыщыщыпсэуам си гъэтIылъыгъэхэм ящыщу музейм еста зы бгъэIулъхьэмрэ бгырыпхымрэ илъэсипщIкIэ абы щIэлъащ. Зэгуэр ахэр тыгъэ яхуэс­щIа пэтми, КъэбэрдеймкIэ сыкъыщыIэпхъуэжым а хьэпшыпхэр музейм и тхьэмадэм къы­зимытыжу идатэкъым. Дэтхэнэ зы хьэпшып къэзыугъуеижами езым и хъыбар щэху иIэжщ.

Адыгэм и Щыгъуэ махуэщ накъыгъэм и 21-р. Ар тхыдэм и пэжщи, абы зыри пхуещIэну­къым. Ауэ, сэ жысIэну сызы­хуейращи, нобэ дызэрыпсэум нэхъыкIэ лъэпкъыр Тхьэм димыщI. Сэ сропагэ, срогушхуэ си лъэпкъ лъэщым, мыпхуэдэ дахагъэ куэд зиIэр щэнхабзэкIэ дуней псом зэи икIэ щыхъунукъым. ДызэгурыIуэу, ди тхыдэр, хабзэр, бзэр ди щIэблэм яхэтлъхьэжу, щIэныгъэкIэ гъащIэм дыпхрыкIыну — аращ сызыхуейр. НэгъуэщI хэкIыпIэ адыгэм диIэкъым...

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил жеIэ: «Зи Хэку зыгъуэтыжыну хуейм Мэжид щапхъэ трихып­хъэщ. Псэуну хуейр зыми емы­лъытауэ мэпсэуф. Сыт хуэдэ псэ къабзэ уиIэн хуейт, хамэщI къыщыхъуа щIалэ цIыкIум и адэжь лъахэм епха хьэпшыпхэр зэхуихьэсыжыныр игу къэ­кIын, а Iуэху мытыншыр хузэ­фIэкIын щхьэкIэ?! ЩIалэгъуалэм гу лъезгъэтэну сыхуейт адыгэм зэрихьэу щыта хьэпшыпхэм нэхъыбэу дыжьын кIэралъхьэу, дыщэ ирамыгъэIусэу зэрыщытам. Апхуэдэщ бгырыпххэри, къамэхэри, щIопщыкIхэри... Мэжид дуней псом лъэпкъыу тетым щапхъэ ярегъэлъагъу. «УифI умыгъэпуд, уи Iей умыгъэпщкIу», — жиIащ пасэрейм. IутIыж Мэжид ящыщщ гъэ­лъэпIэн хуейхэм».

Зи хабзэр зыхрамыгъэныфа, сыт хуэдэ гугъуехьми кIуэцIрыкIыу зи бзэр зыхъумэжа, зи щэнхабзэ къулейр къызыдэгъуэ­гурыкIуэ лъэпкъщ адыгэр. Ар наIуэ пщащI Мэжид хуэдэ цIыхухэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.