НэгъуэщI еплъыкIэ
ЛIэщIыгъуэ псокIэ екIуэкIа Кавказ зауэжьым кърикIуа лъапсэрыхым зэи зыкIи пхуэмыгъэнщIын жыхуаIэм хуэдэу игъэмэщIат ди лъэпкъыр — цIыхуипщIым щыщу бгъур а зауэм ихьащ, КIахэм щыпсэу адыгэ лъэпкъ зыбжанэ дэкIуэдыпащ.
А лъэхъэнэм адыгэм ишэчамрэ и нэгу щIэкIамрэ теухуауэ зы хъыбар уеджэфыр-къым уи гур дэмыузу. Абыхэм ятеухуауэ щIэныгъэлIхэм щэ бжыгъэкIэрэ тхылъ зэхуэмыдэхэр ятхыжащи, нэхъыбэ дэ тхужыIэнкъым, алъандэрэ къамытIэщIаи къытхуэулъэпхъэщынкъым, ди тхакIуэшхуэхэм зауэ дыджыжьым тратхыкIа теплъэгъуэхэм нэхъ гуузи къытхуэгъэщIыжынкъым. Арами, зы телъыджэ гуэрым гу лъывэзгъэтэну си гуапэт.
Кавказ къуршым и ищхъэрэ нэпкъыр гущIэпкъ зыхуэхъуа пасэрей хьэт лъэпкъыжьым нобэрей адыгэр дыкъызэрытехъукIар, къэралыгъуэ, политикэ, цивилизацэ щхьэхуэ дызэриIар къэплъытэмэ, илъэс мини 6-м щIегъу дунейпсо тхыдэм дыкъызэрицIыхурэ. Лъэхъэнэ жыжьэм къыщыщIидзэж ди тхыдэ кIыхьым къриубыдэу лъэпкъым зауэ гуащIэу илъэгъуар къыпхуэмыбжыну куэдщ. Ар псалъэ джафэ мыхъуу, япэ тхыбзэу цIыхум зэрихьа гъущIынэтхыр щыхьэт зытехъуэ пэжщ. Ар зыщIыпIи пхуэмыхьыжын, пхуэмыгъэпщкIун, узэмыхъурджэуэфын Iуэхугъуэщ.
Мысыр, Ащыр, Бабылей, Чынт, Алыдж къэралыгъуэ лъэщыжьхэр хьэрхуэрэгъуу къыпэщIэтащ адыгэм. Абыхэм ящIэрт хьэтхэм къарукIи, бзаджагъэкIи, акъылкIи уазэрытемыкIуэнури. Арами, зыдамыгъэужьын папщIэ ялъэкI къамыгъанэу къытпэщIэтащ. Илъэс мини 6-м къриубыдэу зы лIэщIыгъуэ закъуи адыгэр зауэ-банэ имылъагъуу псэуауэ пхужыIэнукъым. Ди адэжьхэр зауэм къыIумыкIыурэ къащIэува я быныр якIэлъышэсырт.
ГъэщIэгъуэныракъэ, и бзэм зимыхъуэжауэ, и хабзэр IэщIыб имыщIауэ, и хэкур ирамыгъэбгынауэ, къызэригъэщIам хуэдэу нобэм зы лъэпкъ къэсамэ — ар адыгэрщ! Уздегупсысым уи щIыфэр дотхытх абы. Мис апхуэдэхэм дежщ укъызыхэкIа лъэпкъым и лъэщагъыр, инагъыр, хахуагъэр щызыхэпщIэр. Си щхьэкIэ, абы сримыпэгэн, ар сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым.
Иужь дыдэу лъэпкъым и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэшхуэхэм ящыщщ Кавказ зауэжьыр. Нобэр къыздэсым абы къыдиха дыркъуэм дегъэдзыхэ, ди гур зэхуешэ, ди нэпсыр кърегъакIуэ. Ауэ си лъэпкъэгъухэм ягу къэзгъэкIыжыну сыхуейт илъэси 101-кIэ зызыIыгъа лъэпкъым лъы уардэ зэрыщIэтыр, ди япэ ита пасэрей пщыжьхэр зыщIэбэна хуитыныгъэр псэхэкIуадэ зэрымыхъуар, дунейм дытепхъами, зы лъэпкъыу дыкъызэрынар. ЩIы хъурейм зы гъунапкъи иIэу къыщIэкIынкъым адыгэ щымыпсэууэ. ДыкъызытехъукIыжа хьэт лъэпкъым Кавказри, Анадолэри, Мысырри, ТIуащIэри къызэщIиубыдэу къэралыгъуэ иIар пэжмэ, «хамэщI щыпсэу» лъэпкъэгъу диIэкъым… АтIэ, ди пасэрей хэкужьым и щIыпIэхэм адыгэбзэр щыIужауэ аращ. А гупсысэм нэгъуэщIынэкIэ срегъэплъ лъэпкъым натIэ хуэхъуам.
Фырэ Анфисэ.