Top.Mail.Ru

Бзэр лъэпкъым и дамэщ

Илъэси 163-кIэ узэIэбэкIыжмэ дунейм къытехьа, «Адыгэбзэм и букварь» фIэщыгъэр адыгэ узэщIакIуэ Берсей Умар зрита тхылъым лъэпкъыр и бзэкIэ еджэныр, абыкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыныр зэрыфIыгъуэшхуэр нахуэ щищIащ. МахуэщIым лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэр къэтлъытэри, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

— Хьэутий, сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ лъэпкъ дежкIэ дунейм адыгэу тетым мыгувэу зэдагъэлъэпIэну Адыгэ тхыбзэм и махуэм?

— Бзэхэм, псом хуэмыдэу лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэхэм, я къэкIуэ­нур елъытащ къэралым абыхэм яхуищI пщIэмрэ ярит увыпIэмрэ. Къэралым жылэхэм яхуищI Iулыджыр абыхэм я экономикэ псэукIэм ирит гулъытэм къыщы­мыувыIэу, я псэкупсэ дунейм зиужьын папщIэ зэрадызекIуэ щIыкIэхэми къыхощ. Лъэпкъхэр щызыгъэIэ хъугъуэфIыгъуэхэм ар я щыжакIуэ щыхъум дежщ хэгъэгур нэхъ лъэщ щыхъури, цIыхубэр нэхъ щызэкъуэувэри. Мыр узыфIэмыкIыжын хьэкъщ. Къэралым телъ хьэкъым нэхърэ нэхъ мащIэкъым лъэпкъым и анэбзэр хъумэным хуэунэтIауэ иIэ пщэрылъхэр. Адыгэ псоми ди зэхуэдэ къалэнщ ди бзэм пщIэ хуэтщIыныр, абы и дахагъым, къабзагъым хэдмыгъэщIыныр, зэфIэкIыу бгъэдэлъым хэдгъэхъуэныр. Дыкъытезыхьа дунейр зэрытфIэлъа­пIэм хуэдэу, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, адыгэм щыщу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми и фарзщ и бзэр ихъумэну, абы зригъэужьыну. Хъумэным къикIыр зыщ – абы зэпымыууэ ирипсэлъэн хуейщ. Бзэм урипсалъэмэ, зиужьынущ, ефIэкIуэ­нущ, зиIэтынущ. Шэч зыхэмылъыжращи, бзэр димыIэжмэ, лъэпкъ щхьэхуэуи дыщыIэжынукъым.

Адыгэ тхыбзэм и махуэр махуэщI къудейкъым. Ар лъэпкъым и пащхьэ илъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэр иджыри зэ уигу къэзыгъэкIыж, щIэрыщIэу утезыгъэпсэлъыхьыж, я зэфIэхыпIэ-зэблэгъэкIыпIэхэр къозыгъэлъыхъуэж махуэщ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, зы тхыбзэм тет анэдэлъху­бзэ адыгэхэм диIатэмэ, бзэр хъумэным епха ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъунут. Мыр тхузэфIэкIатэмэ, дунейм адыгэу тетыр зэщхьу тхэнут, щIы хъурейм тепхъауэ псэу лъэпкъыр нэхъри зэпищIэнут, зэрип­хынут, зэгуригъэIуэнут, къару нэхъыби къыхилъхьэнут. Гугъущ мы Iуэхур, ауэ ткIийуэ иужь уихьэмэ, пхузэфIэмыкIын хэлъкъым. Пэжщ, илъэс куэд щIауэ дызочэнджэщ мы гупсысэм теухуауэ, ауэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ мы Iуэху­гъуэм зэпэшэчэн хуей куэд хэлъщ. Ди щIэблэм анэдэлъхубзэр зэредгъэдж тхылъхэми мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ахэр ауэ сытми бзэхабзэм и IуэхугъуэхэмкIэ дгъэнщIкIэ зэфIэкIынукъым. ДызыхэпсэукI гъащIэм езэгъыу, иджырей ныбжьыщIэхэм я дуней лъэгъукIэм пэджэжу, ауэ, нэхъыщхьэращи, зэхэщIыкI лъагэрэ щIэныгъэ куурэ къариту щытыпхъэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, мы IуэхугъуэмкIэ лъэбакъуэ хъарзынэхэр ча хъуащ. АдыгэбзэкIэ псалъэхэми, адыгэм щыщу анэдэлъхубзэр зыIурымылъхэми яхуэгъэ­зауэ программэ щхьэхуэхэр зэхэгъэува хъуащ, тхылъыщIэхэри къыдэкIащ. Ди егъэджакIуэхэр псэемыблэж защIэщи, а тхылъхэм гъуэгу иратыну, бгъэдэлъхьэкIэ IэмалыщIэхэр халъхьэну дыщогугъ. Мы IуэхугъуитIыр тхузэхэлъхьэжатэмэ, адыгэ тхыбзэр зэредгъэфIэкIуэн, зэщхь щIыным хуэунэтIа лъэбакъуэшхуэ тчынут. Догугъэ ари къыдэхъулIэну.

— Бзэм зиужьыныр тхыбзэм и мызакъуэу, зэрызетхьэ щIыкIэми елъы­тащ, екIуэкI Iуэхугъуэхэми епхащ. Абы и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ ДАХ-м адыгэ хэгъэгухэм щригъэкIуэ­кIыр?

— Адыгэбзэм и Iуэху зыIутым уимыгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. Иджы хуэдэу зэи IупщIу ди пащхьэ къиувакъым бзэр хъумэным ехьэлIа гумэщIыгъуэхэр. ДАХ-м фIы дыдэу къыгуроIуэ адыгэбзэр лъэпкъым и пкъощIэсэу зэрыщытыр, Iэмалу щыIэр ар хъумэным ехьэлIэн зэрыхуейр. Нобэ адыгэбзэр Урысейм хыхьэ щIыналъищым – КъБР-м, КъШР-м, АР-м — къэралыбзэу щыгъэуващ. Бзэр фIэкIыпIэ имыIэу хъумэн хуейуэ къэралым къыщилъытэм дежщ укъыщыжын щыпхузэфIэкIынури. ДАХ-м къару хилъхьащ тхыбзэ лIэужьыгъуитIри зэрыра­гъэдж тхылъхэр федеральнэ тхылъ зэужьым (федеральный перечень учебников) хэгъэхьэным. Ди бзэр хъумэным и зы шэсыпIэ лъэщщ ари.

Апхуэдэу, адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыным хуэунэтIауэ ДАХ-м илъэс къэс зэрыадыгэ дунейуэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъатхэпэм и 14-м егъэлъапIэ. ЦIыху куэдым гурыхь ящыхъуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ едгъэкIуэкI «Адыгэ диктантыр». Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэгъэпэща хъуа мы Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, щIыпIэ университетхэм, езы ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэм, хамэ къэрал щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.

Адыгэбзэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэ­ужьыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ зэIущIэ­хэр, Iэнэ хъурейхэр, щIэнIуатэхэр щIэх- щIэхыурэ идогъэкIуэкI, дэтхэнэми практикэ мыхьэнэ иIэу, абыхэм къыщыIуэта хъуа гупсысэхэр лъэпкъым деж нэсын хуэдэуи гъэпсауэ. Адыгэбзэр — лъэп­къым и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Бзэм щхьэщыт шынагъэр ДАХ-м и къарукIи, къэрал IэмалхэмкIи пхуэгъэкIуэдынукъым, абы езы лъэпкъыр пэщIэмы­у­вэмэ, ар фIыуэ пщIэныр сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми я щхьэу зэрыщытыр къыгурымыIуэмэ. Ди гупсысэр зым хуэу­нэтIауэ дыщызэкъуэтым деж дылъэщщ.

— Адыгэ тхыбзэм и махуэм ехьэ­лIауэ сыткIэ зыхуэбгъэзэнт, Хьэутий, лъэпкъым?

Епсэлъар ЩХЬЭЩЭХУЖ Иналщ.