Адыгэу укъэнэжын щхьэкIэ...
Анэдэлъхубзэм и «IункIыбзэIухыр» зыIыгъри псом япэу ар сабийм езытыфынури къыщалъхуа, зрапIыкI унагъуэрщ, адэ-анэрщ, адэкIэ я бзэм зыщиужьынур еджапIэрщ.
Ди тхакIуэ, усакIуэ гъуэзэджэхэм я тхыгъэ купщIафIэхэм удезыгъэхьэхыфын егъэджакIуэ къыпIэрыхьэнри насыпышхуэщ, мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ дэтхэнэ зы еджакIуэри шэрыуэу и бзэмкIэ псэлъэфу ебгъэсэфынри.
А лэжьыгъэ мытыншым зи гъащIэри зи гуащIэри щхьэузыхь хуэзыщI цIыху емызэшхэщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ Лэскэн щIыналъэм и курыт школхэм щезыгъэдж егъэджакIуэхэр. Дэтхэнэми хужыпIэнрэ щIыжыпIэнрэ фIы и лъэныкъуэкIэ куэду бгъуэтынущ. Анэдэлъхубзэр гуми псэми и Iэщэу, лъэпкъ зэхэщIыкIым зезыгъэужь, езыгъэфIакIуэ, нэхъ лъагэ зыщI и хэкIыпIэу, цIыхум и гупсысэм и кууагъыр къызэращIэр абы и псалъэхэрауэ зэрыщытыр а егъэджакIуэ емызэшхэм я еджакIуэхэм хапщэныр махуэ къэси я пщэрылъ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.
Абыхэм я къалэныр тэрэзу гъэзэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс къахуохъу Лэскэн щIыналъэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я метод зэгухьэныгъэм и методист Атэлыкъ Альмирэ. Зыхэт гупым елъытауэ Альмирэ куэдкIэ нэхъ щIалэми, абы хузэфIэкIащ езым и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэ зэпэщ иубзыхуу абы гупыр хуишэныр. Лэжьыгъэ къапэщылъхэр нэсу, щызу гъэзэщIа хъунымкIэ чэнджэщ щхьэпэхэр къозытыф, зыпэрыт Iуэхур фIыуэ зылъагъу икIи хэзыщIыкI унафэщI Iэзэу зыкъыщигъэлъэгъуащ а пщащэ гуакIуэм егъэджакIуэ гупым. Альмирэ и жэрдэмкIэ Лэскэн щIыналъэм бзэм ехьэлIа зэпеуэ, зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щрагъэкIуэкI.
Бзэр зы лъэпкъыр адрейхэм къащхьэщызыгъэкI фащэщ, ар имыIэмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр фIокIуэд. Бзэр икIи тхыдэтхщ — лъэпкъым и блэкIар зыхъумэр, ди деж ахэр къэзыхьэсар бзэрщ. Абы и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуазэщ пасэрей цIыхум и дуней еплъыкIами, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэми. Апхуэдэ къалэнышхуэ зыгъэзащIэ анэдэлъхубзэр зыфIэмыIэфIрэ зыфIэмыдахэу мы дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым. Апхуэдиз дахагъэмрэ IэфIагъэмрэ бзэм зэрыбгъэдэлъыр дерсхэм къызэрыщащIэм и щыхьэту къызолъытэ республикэ олимпиадэхэм бжьыпэр щызыубыдхэм ди щIыналъэм и еджакIуэ хэмыту зы гъэ закъуи зэрыблэмыкIыр. Дерс къудейкIэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр къызэтеувыIэркъым. Езы егъэджакIуэхэри я гъэсэнхэри республикэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм жыджэру хэтхэщ. Абыхэм ящыщщ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм гъэ къэс къызэригъэпэщ «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэр, эссе, сочиненэ нэхъыфIу зытххэм я зэхьэзэхуэхэр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэн зэхуэмыдэхэр, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым ди щIалэгъуалэм папщIэ зэхишэ Iуэхугъуэхэр, нэгъуэщI куэдхэри.
Бзэм и гъащIэр зи IэмыщIэ илъыр зэзыгъэпэща лъэпкъыращ. Ар абы фIыуэ илъагъумэ, тэрэзу игъэлажьэмэ, абы сытым дежи щхьэлъапIэгъуэ иIэнущ. Лъэпкъым ущыщу зыщыббжыжкIэ, а лъэпкъым и нагъыщэ нэхъыщхьэу щыт бзэри пщIэну уи къалэнщ. Зы бзэкIэ тхар нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкI хабзэщ, адрей лъэпкъхэр щыгъуазэ ящIын щхьэкIэ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ущрихьэлIэ щыIэщ ди тхыгъэ купщIафIэхэм урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ къеджэмэ нэхъ къэзыщтэ. Си щхьэкIэ насыпыншэу зыкъэслъытэжынут, ди нартыжь пшыналъэхэм, ди хъыбарыжьхэм, ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыфIхэм я тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэм щыгъуазэ сыхъун, абыхэм я IэфIыр зыхэсщIэн папщIэ тхыгъэ зэдзэкIахэр къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ.
Ди лъэпкъым и тхыдэр тщIэжу, къыдэкIуэтей щIэблэр абы щыгъуазэу къэхъуну дыхуеймэ, къыддалъхуа бзэр, адыгэбзэр, тхъумэжыным дэтхэнэ зыри дыхущIэкъун хуейщ. Арыншэу ди лъэпкъым и блэкIари и къэкIуэнури, пшахъуэу лъэлъэжынурэ, жьым дихьыжынущ. Апхуэдэ бзэ дахэрэ лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэIэтыф бзэ къулейрэ дунейм текIыжыныр къэхъункIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ! Ар къэмыгъэхъуным къаруушхуэ ирахьэлIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм, ауэ абыхэм къищынэмыщIауи, адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми и къалэнщ мащIэ-куэдми и гуащIэ гуэр абы и зыужьыныгъэм хилъхьэну. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэм узэрырипсалъэ къудейм абы и гъуэгум къыпещэ, уэ пIурылъу зэхих бзэрщ уи щIэблэми къищтэнур, апхуэдэурэ иджыри лIэщIыгъуэкIэрэ абы и гъащIэм къыпыща хъунущ.
БИЩIО Мафурэ. Лэскэн щIыналъэм къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я метод зэгухьэныгъэм и унафэщI.