Top.Mail.Ru

ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым

Image description

Адыгэхэм ди хабзэ дахэхэм ящыщщ дунейм къытехьа сабийм щыцIыкIу дыдэм къыщыщIэдзауэ гулъытэ хуэщIыныр. «IэмыщIэм иджэрэзэну пIэрэ?» — жыпIэу узыIуплъэ а цIыкIум хуэгъэзауэ нэхъыжь­хэр мэхъуахъуэ: «… И адэ-анэр, къызыхэкIа и лъэпкъыр зыгъэпэжын, жылэр зэрыгушхуэн цIыху къыхэкIыну». Алыхьым зэрелъэIу а псалъэхэм купщIэшхуэ яIэщ. ЩIэблэм хуэгъэза а хъуэ­псапIэр нахуапIэ зыхуэхъу адэ-анэри ехъулIащ.

Адыгэхэм ди мащIэкъым лъэпкъыр зэрыгушхуэхэр, зэрыпагэхэр. Апхуэдэхэм я щапхъэ щыкуэдщ ди тхыдэ блэкIами, щымащIэкъым зэпэщIэувэныгъэ ткIий щытыкIэм къэралыр щит иджырей зэманми. Адыгэ лъэпкъым и бынхэм ящыщ куэдым лIыгъэ яхэлъу зыкъыщагъэлъагъуэ Урысей Федерацэм Донбассыр хъумэнымкIэ Украинэм щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам. Апхуэдэ щIалэ хахуэхэм халъытэ и лъэпкъыр имыгъэукIытэу, пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри жэуаплыныгъэ лъагэ пылъу а щIына­лъэм щызэфIэзых Шагъыр Залымбэч.

Къулыкъур щрихьэкI щIыналъэм ще­кIуэкI зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым хэту, сержант нэхъыжь Шагъырым лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу зыкъигъэлъэгъуащ. И унафэм щIэт зауэлIхэр щIыгъуу, Залымбэч ихъумэрт урысеидзэм зыщигъэбыда щIыпIэр. Набдзэгубдзаплъэу зи къалэныр езыхьэкI адыгэ щIалэм гу лъитащ къыпэщIэт дзэхэм я диверсант-тIасхъэщIэх гупу IэщэкIэ зэщIэузэдам. РадиозэпыщIэныгъэр къигъэсэбэпри, сержант нэхъыжьым абыкIэ хъыбар яригъэщIащ командованием. ДэIэпыкъуэгъу хъуну­хэр къэсыным емыжьэу, ар и ныбжьэгъу зауэлIхэр и гъусэу, япэщIэуващ зи бжыгъэкIэ нэхъыбэ хъу бийм. ЩытыкIэр къызэрымыкIуэ хъуат, атIэми ди зауэлI­хэр къикIуэтыртэкъым. ЗэпэщIэувэныгъэ ткIийм хэту, Шагъырым зэуапIэ губ­гъуэм кърихащ уIэгъэ хьэлъэ хъуа и ныбжьэгъуищ. Ахэр шынагъуэншэ щIыпIэм нихьэсри, и IэнатIэм пэрыувэжащ Залымбэч. Абдеж къэсащ дэIэпыкъуэгъу хъуа ди зауэлI гупыр икIи Iуэхур и кIэм нагъэсащ.

Апхуэдэ зэзауэ гуащIэм хэту къигъэ­лъэгъуа акъылыфIагъым, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ, апхуэдэуи уIэгъэ хъуа и ныбжьэгъухэр укIыпIэм къызэрырихам щхьэкIэ, УФ-м и Президентым и Указым ипкъ иткIэ, 2022 гъэм и фокIадэм и I-м адыгэ щIалэм къыхуагъэфэщащ Жуковым и медалыр. А къэ­рал дамыгъэ лъапIэр зрат хабзэр зи лIыгъэрэ хахуагъэкIэ адрейхэм къахэбелджылыкIа, зи къалэныр и псэ емыблэжу зыгъэзэщIа зауэлIхэращ. Апхуэдэщ адыгэ щIалэ хахуэ Шагъыр Залымбэч.

Ар и япэ къэрал дамыгъэкъым Залымбэч. УФ-м и хьэуа-десантыдзэхэм илъэс 15 лъандэрэ къулыкъу щызыщIэ Шагъырым нэхъапэкIэ къратахэм ящыщщ «ЗауапIэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ», «Хахуагъэм папщIэ», «Дзэ къулыкъум къызэрыщыхэжаныкIам папщIэ» медалхэр, «Хьэуа-десантыдзэхэр зыхэта зауэхэм я ветеран» дамыгъэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Къэралым и дзэхэр здигъэкIуа «щIыпIэ пщтырхэм» щыIэу, десантник хахуэм къигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм къапэкIуащ а къэрал гулъы­тэшхуэр.

КъикIуэт зымыщIэ, нэхъыжьхэм къыхуащI унафэр и щхьэм япэ изыгъэщ апхуэдэ щIалэущ Залымбэч зэрагъэсар и адэ-анэм. Ахэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыщ зэщхьэгъусэхэу Шагъырхэ Зауррэ Светланэрэщ (ар Къардэнхэ япхъущ). Абыхэм я унагъуэм мызэ-мытIэу къагъэхьащ я къуэ закъуэ Залымбэч къулыкъу щищIэ дзэ частым къикI фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр.

Адыгэ щIалэщIэм хужаIэ псалъэ гуапэхэм, къыхуащIа къэрал гулъытэ лъагэм, дауи, гукъыдэжышхуэ къаритащ адэ-анэм. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, Залымбэч зэрысабийрэ жыIэщIэу, гууз-лыуз иIэу, цIыху щабэу, апхуэдэуи жану къэхъуащ. Спортым, техникэм дахьэхыу къэхъуа щIалэм фIы дыдэу къиухащ къуажэм дэт курыт школыр, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Псыхуабэ дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым.

Нэхъыжьхэм ягъуэта дэрэжэгъуэм зыкIи пебдзых хъунукъым Залымбэч и анэкъилъху Заринэ (ар Мэсейхэ я нысэщ) и дэлъху закъуэм папщIэ и гум щыщIэ гурыщIэхэри. Абыхэм я гъусэу Залымбэч и ехъулIэныгъэхэм ирогушхуэ Шагъырхэ я нысэ цIыкIу Нини, унагъуэ­щIэм къащIэувэ я къуэ цIыкIухэу Сэлимрэ Самиррэ, япхъу цIыкIу Эмелинэ сымэ. ЩIалэ цIыкIухэм щапхъэ яхуохъу я адэр, ахэри хуейщ абы ещхьу Хэкум и къыщхьэжыкIуэ нэс хъуну.

И Iыхьлыхэм, благъэхэм мы зэманым япэжыжьэми, адыгэ лъэпкъ напэр са­къыу зыхъумэ, къэралым хуэщIапхъэ къалэн мытыншыр хабзэрэ нэмысрэ хэлъу, екIуу зэфIэзых Шагъыр Залымбэч дохъуэхъу и къулыкъур узыншэу кърихьэ­лIэну, щалъхуа щIыналъэм и лъэр угъур­лыгъэкIэ щытригъэувэжыну, нобэ хуэдэу и цIэр фIыкIэ къаIэту куэдрэ псэуну. И нэхъыжьхэр, лъэпкъыр зэрыгушхуэн, зэрыпэгэн адыгэлI нэс къыхэкIащи, адэкIи и Iуэхухэр ефIэкIуэну ди гуапэщ.

Хэкум къулыкъу пэж хуэзыщIэ ди щIалэ псори Алыхьым къытхуихъумэ. «ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым», — жиIащ адыгэм. А щIалэхэр зыпхыкI лъэпощхьэпохэмрэ зэрахьэ лIыгъэмрэ щIэблэхэм ящыгъупщэнукъым. Апхуэ­дэхэращ ныбжьыщIэхэм щапхъэу, гъащIэ гъуазэу хуагъэлъагъуэхэр. ЖЫЛАСЭ Маритэ.