НыбжьыщIэ хахуэм — медаль
Иджырей щIэблэм сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ яхуэхъун Iуэху дахэ ищIащ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыщ, зи ныбжьыр илъэс 15-м ит Темырдащ Алан.
Абы къыкъуэкIа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къыпэкIуащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым къыбгъэдэкIа, «За проявленное мужество» медалыр.
Гъэмахуэу, Алан псы Iуфэм зыщигъэпсэхуу Iусу, гуо-кIий макъ къызэхихащ, икIи, псым зыгуэр зэритхьэлэр зэуэ къыгурыIуащ. Тэлай кIэщIкIэ щIалэр псым хэпкIэри, гузэвэгъуэ ихуа сабийр къыхихыхащ.
Алан мычэнджащэу, хахуэу, псынщIэу псым зэрыхэлъам и фIыщIэкIэ цIыхур къелащ, сабийр анэ-адэм узыншэу къаIэрыхьэжащ.
Апхуэдэ лIыхъужьыгъэр къыхилъытэкIэрэ, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид унафэ къихьащ еджакIуэ ныбжьыщIэм «Юный спасатель Карачаево-Черкесии» фIэщыгъэцIэр хуагъэфэщэну.
Адыгэ-Хьэблэ курыт еджапIэм и е 9-нэ классым щеджэ Алан ищIа IуэхуфIым ирогушхуэ ныбжьыщIэр зыщыпсэу къуажэм дэсхэри, щIалэ хахуэм деджэхэри.
Апхуэдэу, Алан къыхуагъэфэща, «За проявленное мужество»медалыр, саугъэт лъапIи щIыгъуу иджыблагъэ еджапIэм къыщызэрагъэпэща дауэдапщэ иным щIэту ныбжьыщIэм IэщIилъхьащ УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм КъЧР-м къыбгъэдэкIыу хэт сенатор Къэзэнокъуэ Кърым.
Сенаторым фIыщIэ ин хуищIащ ныбжьыщIэ хахуэм, шынэ имыщIэу, и гъащIэ щымысхьыжу псым итхьэлэ сабийр къызэрыригъэлам папщIэ. ЖиIащ дызыщыпсэу лIыщIыгъуэм хэкупсагъэр, фIылъагъуныгъэр, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIэгъэкъуэныр цIыхум нэхъыщхьэ дыдэу хэлъын хуей хьэлщэнхэм зэращыщыр. ЛIыгъэ хэлъу ныбжьыщIэр зыгъасэ анэ-адэми, еджапIэм щрагъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэми мы Iуэхум деж мыхьэнэшхуэ зэраIэм сенаторыр къытепсэлъыхьащ. ИкIи, фIыщIэ ин псоми яхуищIащ.
КъЧР-м и МЧС-м и унафэщI, генерал Голоколенко Александр Алан щIыхь тхылърэ саугъэтрэ хуигъэфэщащ. Къыхигъэщащ ныбжьыщIэм лIыгъэ ин зэрызэрихьар. «Дрогушхуэ ди сабийхэм, балигъхэм яхуэфащэ Iуэхушхуэхэр зэрызэфIахыфым папщIэ!» — къыхигъэщащ къулыкъущIэм.
БЭЗДЖЭН Л.