Мы гъэр имыкlыжу ди гум къыринахэр!
Тыркум къыщыдэкI, ди бзэр щызетхьэф газет закъуэ «Жьынэпс газетым», упщIищ къытхуишият.
2022 гъэр даурэ фигу къэвгъэкIыжыну? (ГъэкIэщIауэ) 2023 гъэм даурэ фыпэплъэрэ? Адыгэхэм и къэкIуэным папщIэ сыт фи нэгу къыщIэхьэр?
Мы упщIэхэм уи ныбжьым, узыхуэныкъуэм, узыпэплъэм, уи гурылъхэм, уи лэжьыгъэм епхауэ щхьэхуэ-щхьэхуэу пэкIужхэр кIэщIэптхэфынущ.
Сэ си лэжьыгъэр зытэухуар, Юнэском къызэрыхигъэщымкIэ кIуэдыжыным хуэкIуэ бзэхэм ящыщыу ебж ди бзэр. ГурыIуэгъуэ хъуауэ, ди бзэм гъащIэ игъуэтын папщIэ ди Iэ, ди лъэ, ди бзэм къызэрихькIэ дыхущIокъу, доIуатэ, ди лъэпкъэгъухэм зытетыр зыхедгъэщIыкIыну, ягурыдгъэIуэну. ДалъэIэсын папщIэ щIэныгъэм фIыгъэу къытхуихьа дуней цIыхур зэрихъэу зезыпх «бэджыхъ»у слъытэ «интернет» щхьэпIэ тхохъу. Мы гъуэгумкIэ ди лъэпкъэгъухэм дылъэIэсын къудеикъым зетхуэр, дызылъэIэсым дыгурыIуэн, дызыгурыIуэн хуейщ. Нэхъыбэуэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэ щIыналъэхэм щыIэхэм зырахьэ бзэр, зыхэпсэуэхьым и бзэращ. Псоми зырахьэ а щIыпэбзэмкIэ дагурыIуэфыныр гугъщ. Дэ дызыщыпсэу щыпIэм (Тыркум) и бзэр зетхьэмэ адырей ди лъэпкъэгъухэм ягурыIуэнукъым. Псори дызэрызыгурыIуэфыну бзэр ди бзэ Адыгэбзэращ.
Жыбгъэм къарабэр щIылъэм зэрытырипхъэм хуэдэу, щIыналъэм тепхъа ди лъэпкъэгъухэр, къызыдикIа и щIыпIэм (хэку) нобэкIэ щызыхуэмысыжыфми, зы гупщысэ нэзым, зы нып щIагъым щызыхуэсу, щызэрыгъуэту, зыдаIыгъуу псэун хуейщ. УзыдэзыIыгъынури псоми дизыхуэдэ «бзэ»ращ.
Мис сэри сызэлэжьыр бзэращ. Бзэм и ныбжьыр, и къежьапIэр, и зыхэлъыкIэр, езы бзэм «тхыдэ»р зэрыхэлъыжыр. Ди лъэпкъэгъухэм тхылъу яхуэтшиящ. Дунейм щIыпIэ куэдым хуэдэу, Хэкуми нэсащ. Гурыхь щытхъуи къыхуащIащ. Мы тхылъыр зэрытха хъуа ди бзэм, ХэкумкIэ щыIэ ди бзэм елэжхэми зыпэгъунэгъу дищIауэ дызыришэлIащ. ДызыригъэцIыхуащ.
Мы гъэм, 2022-м, ди бзэгъуу «тхыдэтх», «къэхутакIуэ», «тхакIуэ», «бзэ егъэджакIуэ», «бзэ щIэныгъэ», «гъуазджэ», «журналист», «Хасэ тхьэмадэ» хуэдэу щIэныгъэлажьэхэм си гупщысэр ядэсгуэшыну ХэкумкIэ сыщыIащ.
Къабэрдейм сыщыкIуам, сызэрыщыIэр зыхэзыхахэр къакIуэри къыслъыгъуэзащ, хэтыр сэ къэзыгъуэтыри сахуэкIуащ. Ахэм ящыщщ, тхыдэтх Iэзэ Унэж Кащиф (тхылъ бжыгъэ куэд зиIэ.)
КIыхьыу дызэбгъэдэсащ.
Сокъур Валера къэхутакIуэщ. Елэжьыу зыхуихьэса тхылъхэр щIилъхьэну, зытетищу унэ хуригъэщIащ. ДырихьэщIащ.
Ди тхакIуэ ныбжьыщIэ Iэзэу итха тхылъхэм яужьырер «Хьэтхэр»ащ. КъакIуэри «къэблагъэ» къыджьиIэу, я унэми дезыгъэблэгъар, ди зы цIыху гуапэ Къаныкъуэ-Фырэ Анфисэщ.
И къуэрылъхур щIалэ дыдэу дунеим ехыжауэ, дыхуэгуIэну «гуауэдэх» дызыхуэкIуар 64.000 псалъэ зырыт псалъалъэр зытха ди егъэджакIуэ-тхакIуэ Iэзэ ХьэцIыкIу Раящ.
Зы еплъыкIэ щхьэхуэ, езым хухэхауэ зылэжьыгъэ зезыхьэ, сыныщI, сурэтыщI Iэзэу ди гъуазджэлъэжь Цырым Руслан и пэщым дыщигъэхьэщIащ.
Налшик радиом и нэхъыщхьэ журналист Къудей Лида макъ техыпIэм (студио) дыригъэблэгъауэ езым нэгъабэ хуезыгъэхьа тхылъым кIыхьыу дытепсэлъыхьыу макъкIэ игъэIуащ.
Бзэм телэжьых «Джэрэз» щIалэ гупыр зытезыухуа «нэтын» зэгъэпэщыным хуэIэзэ журналист Шыбзыхъуэ Астемыр, гуп нэхъыжь ди ныбжэгъу Думаныщ Аулэдин Джэрэзым дыщагъэхьэщIащ. Адыгэ Хасэ тхьэмадэхэр, ди щIалъэ гуапэхэр, Бешто Аслъан тхыдэкIэ ехьэжьа, Нэмыцэ-Урыс зауэр щекIуэкIа, тегъэса сынхэм щыщIэдзауэ а губгъуэ агъуэблагъуэр сигъэлъагъуу махуитIкэ дызэгъусащ.
Табыщ Мурат сызыдыщыIа унагъуэм накIуэу, бзэ зехьэкIэм хуэIэзэу, дызэкъуэжэгъуу Зейкъуэ къуажэм къыщыщIэддзэу уэршэр IэфIым дыхэтащ. Бабыгуеи дэс ди къуэш «ефэнды» Токъмакъ Ауес, и щхьэгъусэ (Шэт) Марина, си тхылъыми щIыуэпсыми, фIэщхъуныгъэми IэфIыу дытепсэлыхьыу дызыхэсащ. Мыхэм псоми дэщIыгъуауэ Налщик Тэнащхэ, Зейкъуэ Токмакхэ я быным хуэдэу, фыщIэ яхуэсщIыу сыщыIащ. Мы гъэм сэркIэ гум къина зы гуапэ IэфIыгъэу сэ соIутэж. Мы теплъэ фэеплъхэр (сурэтхэр) си дэIэпыкъуэгъуу.
Ауэ сэ сыкъыщалъхуа Тыркум пандемим къелыу, абы къыIэпщIэкIа цIыхубэр, щэн-щэхуэным егъэлеяуэ дэкIа уасэ (инфляциям) псэуныгъэкIэ гугъу ирегъэхь.
Къеблагъэну 2023 гъэм зауэншэу, мамыру, узыншэу, гуфIэгъуэр цIыхугъэм къыхуихьыну дыщыгугъуу дыпоплъэ.
Дунейм щхьэхуэ щыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми, «бэджыхъу» слъытэ мы щIэныгъэ IэщIагъэ «интернет»кIэ зыригъэлъагъуу, зэрыгъуэтыжу, зэрыцIыхужу, я гугъэхэр зыфэувэжауэ, я гурылъхэр IэфIыу зыхуаIуатэу, щIыпIэ щхьэхуэхэм щыпсэуми я нэри, я гури къызыдикIа щIыпIэу «Хэку»мкIэ гъэзауэ зы псэуныгъэ къытхуихьыну дыпоплъэ. ЩIэныгъэр ди гъуэгу гъэлъагъуэу...
Токъмакъ Айдын.