Top.Mail.Ru

Адэжь хэкур я плъапIэщ

Image description

Ди зы зэпсэлъэныгъэм Къэрэшей-Черкес Республикэм и «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент Аслъэнхэ Алий къысхуиIуэтэжауэ щыта зы псалъэмакъ мы тхыгъэм еспхыну сыхуейт.

«Апхуэдиз зэман зытекIыжа Кавказ зауэмрэ абы къыфхуихьа гуауэмрэ иджыр къыздэсым лъэпкъым псэкIэ зыхэфщIэу жыфIэнщ!» — щIэнэкIалъэ щIыкIэу къыжриIат Алий зы щIалэм. Абы Алий хуабжьу къигъэуIэбжьат.

«ЗыхэтщIэ къудейкъым! Нобэми мыкIыжын уIэгъэу ди лъэпкъым и гум телъщ, а гуауэр егъэв», — иритыжат апщы­гъуэм жэуап.

Дауи, «Насыпыншагъэр уи щхьэ къримыкIуэу къыбгурыIуэ­нукъым» щIыжаIар апхуэдэ зыгуэрщ…

АтIэ, Кавказ зауэм ирикъухьа адыгэ лъэпкъым и лъы джэ макъым нобэми лъэпкъым и псэр игъэтыншкъым. Хамэ хэкур псэупIэ зыхуэхъуахэр адэжь Хэкум къыхуоIэ, хэхэс адыгэм адэжь щIыналъэм щетIысэхы­жыныр я гущIэм щагъафIэу я гъащIэр ирахьэкI. Хэкум, Кавказым къыщагъэзэжын махуэр я плъапIэщ.

Репатриантым и Махуэм ехъу­лIэу, Аслъэнхэ Алий къыддэгуэшащ хэхэс гъащIэм хуэ­гъэза и гупсысэхэмкIэ.

— ШыщхьэIум (августым) и 1-м — Хэкум къэзыгъэзэжам и Ма­хуэм, хэкурыс адыгэхэм сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэ хуаIэу ядэплъагъурэ?

— Дэ зыщ ди Хэкур. Мыбы сыт хуэдэ еплъыкIэ хэт хуимы­Iэми, къыгурыIуапхъэу солъытэ адыгэхэм ди Хэкур — зыщ. Зэрыдунейуэ щикъухьауэ щы­псэу ди лъэпкъэгъухэм дэнэ щIыпIэ я лъабжьэр щамыгъэ­быдами, абдежхэм ахэр щыхэ­хэсщ. Iэмал имыIэу езыхэми, зыщыпсэу къэралхэм дежи ар къагуроIуэ. Зэманым зэ­къым-тIэукъым а щытыкIэр нэрылъагъу щытхуищIыжар — адыгэ­хэм я «хэхэсыпIэр» къыщраудэкIыжар. ИкIи, сыт щыгъуэми а щIыналъэхэм деж ахэр хэ­хэсу къыщынэжынущ.

Хэку уимыIэжыныр гукъутэщ. Нобэ дэркIэ, хэкурысхэмкIэ, насыпышхуэщ Хэкужьым ды­къинауэ дызэрыщыпсэур. Жагъуэ зэрыхъущи, хамэ къэрал куэдым хэхэс гъащIэр щезыхьэкI ди лъэпкъэгъу мелуан бжыгъэм щIигъум апхуэдэу жаIэфкъым. Я адэжь Хэкум къыхуеплъэкIыу, я пщIыхьхэм ар хэмыкIыу езыхьэкIахэм я щIэблэм дежкIэ Хэкум къагъэзэжыфыныр абы­хэмкIэ насыпышхуэщ, ар я плъапIэщ.

— АтIэ, хамэщIым укъы­щыхъуу, ар псэупIэ пхуэхъуауэ зыпIэту уи адэжь Хэкум къэбгъэзэжыныр Iуэху тыншу плъытэрэ?

— КъызэрымыкIуэу хьэлъэщ. Уегупсысмэ, зы унэ псэупIэ пхуэхъуауэ нэгъуэщI унэ укуэшыжыныр гугъущ… Зы къэралым укъикуэшыкIыжыныр куэдкIэ нэхъ хьэлъэжщ. Дапхуэдизу мы Iуэхум псэкIэ хуэпаб­гъэу хущымытми, мылъку-ахъшэ Iуэ­хур емыпхауэ хъукъым, абы кIэщIу иужь итщ узымыгъэба­къуэ, къэралым ущызыгъэпсэуну дэфтэрхэр. Хэкум къэзыгъэ­зэжахэр зыпэщIэхуа гугъуехьхэр щызэхахкIэ, къэкIуэжыну хуейуэ абы иригъэтIысэхыжхэри куэдщ. Ауэ, Хэкужьым къагъэзэжыным я гугъэр хэзымыхыу псэухэри мащIэкъым. Жагъуэ зэрыхъущи «къэгъэзэж» гъуэгур тыншкъым. Куэд пыщIащ. Iуэхур нэхъ псынщIэ хъумэ, си гугъэмкIэ, ди лъэпкъэгъухэм нэхъыбэу къагъэзэжынущ.

— Илъэс зэхуэмыдэхэм республикэм къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм но­бэкIэ сыт хуэдэ я щы­Iэ­кIэ-псэукIэр?

— Щамым (Сирием) къи­кIыжу Къэрэшей-Черкес Республикэм къэзыгъэзэжа адыгэхэр нэ­рыбгэ 35-рэ мэхъу. Иджы дыдэ зы бзылъхугъэ къэкIуэжауэ, абы и дэфтэрхэм я ужь дитщ. Къызыхыхьэжа и унагъуэм гражданствэр яIэххэщи, догугъэ тыншу и дэфтэр Iуэхухэр зэ­фIэкIыну.

Нобэ ди деж щыпсэу репат­риантхэм я лъэ увауэ плъытэ хъунущ. КъэкIуэжахэм унагъуэ зыщIэжа, бын зыгъуэтыжахэри яхэтщ. Сабийхэм щIэх дыдэ урысыбзэри адыгэбзэри ягъэ­Iэрыхуащ. Япэхуным гугъу ехьа­ми, нобэкIэ тхужыIэнущ уна­гъуэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэ­тегъэпсыхьа хъуауэ.

— Республикэ «Адыгэ Хасэ»-р сыткIэ абыхэм сэбэп яхуэхъуфрэ? Езы­хэм сыткIэ зыкъыфхуагъазэрэ?

— Мы зи гугъу сщIа нэры­бгэ бжыгъэр ди хэгъуэгум къызэрихьэжрэ ди нэIэ сыт щыгъуи щIэтщ. Я дэфтэрхэм щыщIэ­дзауэ, я псэупIэм, лэжьапIэм, еджапIэм щыщIэкIыжу сыткIи дапыщIауэ дыкъекIуэкIащ. Дэф­тэрхэр зэфIэгъэкIыным укъытеувыIэмэ, ар куэду зэпкърыпхыфынущ, абы пыщIа псори къыпхуебжэкIынукъым. Пэжщ, япэм хуэдэу махуэ къэс дапымыщIами, нобэми дэIэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэкIэ, зызыхуагъэзэну Хасэращ яIэр. ТхузэфIэкI къэдгъанэкъым. НобэкIэ курыт еджапIэр къэзыухауэ ищхьэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну ныбжьыщIэхэр еджапIэм зэрыщIэдгъэхьэным и ужь дитщ. КъэбэрдеймкIэ Щамым къикIыжауэ куэд щетIысэхащ. Ахэр нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIкIэ, езыхэр нэхъ зэдоIэпыкъужыф, зыпэщIэхуэ лъэпощхьэпохэр зэщIыгъуу къызэранэкIыф. Ди деж къэ­кIуэжа нэрыбгэ 35-м зыри яIэ­къым, зыщыгугъри дэращ.

— Нобэ дыхуопабгъэ ди лъэпкъэгъухэр зэтшэлIэжыну, Хэкужьым ­къэтшэжыну. Адыгэ Хасэм къинэмыщIауэ жылагъуэр сыткIэ хэлэжьыхьрэ мы Iуэхум?

— ИпэкIэ щапхъэ къэсхьахэм жылагъуэри, цIыху щхьэхуэхэри къыхэмылэжьыхьауэ схужыIэ­нукъым. Ахъшэ зэхэдзэ жыхуаIэм хуэдэу, дыщыхуэныкъуэм деж ныбжьэгъу-жэрэгъу жыдори зызэщIыдогъакъуэ. Дэфтэр зэфIэгъэкIыным хуэгъэзауэ ха­бзэкIэ щIат уасэр зимыIэми, е нэгъуэщI щытыкIэ зэхуэмыдэхэм иувэми, Хасэм и къару закъуэкIэ, дэIэпыкъуэгъу дыщIэмылъэIуу зэфIэкIкъым. Си гур егушхуэ адыгэм тхэлъ щэн нэхъыфIхэр апхуэдэ Iуэхухэм деж ди лъэпкъэгъухэм зэра­дэслъагъур — гущIэгъулы, гу­дзакъэ, псэ хьэлэлагъ… Ерыс­къыкIи ахъшэкIи Хэкум къэзыгъэзэжа унагъуэхэм защIэзы­гъакъуэр мащIэкъым. Ноби а псапэ Iуэхухэр зэпыукъым. ЦIы­хуфI ди мащIэкъым. Ар куэд и уасэщ!

— Алий, хэгъуэгу ­«Адыгэ Хасэ»-м и тхьэмадэу ущыткIэрэ, шэ­чыншэу жэуаплыгъэ ­ббгъэдэлъщ Хэкужьым къэзыгъэзэжа дэтхэнэми и лъэр мыбдеж щигъэувыным. Сыт хуэдэ лъэпощхьэпо абы и IуэхукIэ фызыпэщIэхуэр?

— НобэкIэ ди республикэм щетIысэха ди лъэпкъэгъухэм хэт и лэжьыгъэ, и Iуэху елъагъуж. КъызэрыкIуэжри псалъэ IейкIэ зыри къахэщакъым, гугъумыгъу щытыкIэ драгъэхуа­къым. IэнатIэшхуэ, зэфIэкIышхуэ нобэ ямыIэми, я унагъуэхэр ягъэшхэж, сабийхэр ирагъаджэ, IейкIэ зыкъыхамыгъэщу, зыхэс жылагъуэм зыдрагъэкIуу ядопсэу. Ди пщэ илъыр къытхуэныкъуэмэ защIэдгъэкъуэфынращи, нобэкIэ абы и IуэхукIэ дызэгурыIуэу докIуэкI.

— ЩIалэгъуалэм ехьэлIауэ. Хэхэс адыгэ щIа­лэгъуалэм адэжь Хэкум щыпсэуну хуей къахэкI­рэ? ЩIалэгъуалэм я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэнымкIэ сыт хуэдэ лэ­жьы­гъэ евгъэкIуэкIыр?

— ЩIалэгъуалэм я зэпы­щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэпкъыр дызэрыубыдыжынымкIэ. Абы хуэгъэзауэ хэгъуэгум и Адыгэ Хасэм лэжьыгъэ куэд идогъэкIуэкI. Къызыдогъэпэщ нэгузыужь программэхэр, зэпыдощIэ ныбжьыщIэхэр. Си фIэщ мэхъу апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм фIыгъуэ куэд къызэпэкIуэну. Нобэ щIэблэм лъабжьэ быдэ игъуэтмэ, зэрыубыдмэ, дяпэкIэ гугъапIэ ин щыIэщ хэхэс хъуа ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къэ­кIуэжынымкIэ.

— Къэралым къыпхуи­гъэув хабзэхэм, мардэхэм упэрыуэфынукъым. Ар хьэкъщ. Ауэ Хэкужьым къэзыгъэзэжахэм, къэзыгъэзэжыну мурад зиIэ­хэм я Iуэхур дауэрэ хъуну уеплърэ?

— Дэтхэнэ къэрал щымы­псэуми ди хэкуэгъухэр зыхэс лъэпкъхэм я деж я пщIэр щы­лъагэщ. Здыщыпсэу къэралым сыт щыгъуи хуэпэжщ, лэжьыгъэ зыпэрытхэм пщIэ яIэу толажьэ, IэнатIэфIхэр щаIыгъщ, лъабжьэ быдэ щагъэув. ИкIи гурыIуэ­гъуэщ а къэрал зыщыпсэуахэм къыщикIыжкIи ахэр яфIэфIу къызэрамыутIыпщыжыр. Iэдэбрэ щэн дахэрэ зыбгъэдэлъ адыгэ­хэр цIыху пэжу и къэралым къыхинэмэ, ар зыми игъэIейкъым…

Адыгэ лъэпкъымкIэ гукъеуэ нэхъыщхьэу щытыр ди хэкуэ­гъухэр хэхэсыпIэ зэритращ. Лъэпкъхэм я зэпэщIэувэ дапщэм яку къыдэхуа адыгэр: зымкIэ кърахужьэжмэ, етIысэхыпIэ яхуэхъуар аргуэрыжу ябгынэн къахудэхуэжу. ЩIыгум зи гъащIэр езыпх лъэпкъым дежкIэ ар гуауэшхуэщ. КъызэрыслъытэмкIэ, хэхэс адыгэхэр зэи тыншыгъуэ ихуэнукъым. Зэ гугъу зрагъэхьыжу я адэжь лъахэ къагъэзэжмэщ адыгэ лъэпкъым и псэр щытыншыжынур.

— Тхьэм ар нэрылъагъу тщищI! Упсэу.

Епсэлъар ХЬЭТАЙ Мадинэщ.