Top.Mail.Ru

Анэбзэ щIыхуэр

Image description

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ щэджащэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Му­хьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… — лъэпкъым вагъуэ мыужьы­хыжу диIэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIауэ деджэкIэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: ха­мэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр ди­гуращ.

Дэ лъэпкъыбэ хэгъуэгум дыщопсэу. Лъэпкъхэр бзэ зэщымыщкIэ мэпсалъэ. Ахэр зэ­зышалIэр урысыбзэращ. Абы къы­хэкIыу, еджапIэм деж урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэпыщIауэ идогъэдж. Адыгэ литературэмрэ урыс литературэмрэ зыдопх, зэпыдощIэ, тхакIуэхэм я тхыгъэхэр зыдолъыт. БзитIымкIи идогъэкIуэкI дерсхэр, ауэ бзэ зэхэпхъакIэ сабийр бгъэ­псэлъэну Iэмал иIэкъым.

Бзэм и къабзагъым укIэлъыплъын, ар сабийхэм ядэпIыгъын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, бзэ зэхэпхъам сабийхэр бзэмыIуу къигъэнэнущ. АдыгэбзэкIэ упсалъэ­рэ — къабзэу псалъэ, урысы­бзэ къыхомыгъахуэ. УрысыбзэкIэ упсалъэми — апхуэдэ къабзэщ. Ар сыт щыгъуи дгъэзэщIэн хуей къалэну солъытэ.

Лъэпкъым и купщIэщ адыгэ­бзэр. Ар ди адэжьхэм лIыщIыгъуэхэм къыпхрахащ, яхъумэфащ. Адыгэбзэ дерсхэм деж цIыкIухэм яжыдоIэ ди нэхъыжьхэм бзэр зэрахъумар, зэрамыгъэкIуэдар, зауэ мафIэ лыгъейм къызэрыпхырахыфар. ИкIи ягурыдогъаIуэ бзэм и зехьакIуэу адэхэм я ужь езыхэр зэриу­вэнур. Бзэм и къуэпсхэр къызыхэкIыр цIыхубэращ, бзэр къэ­зыгъэщIыр лъэпкъращ. Абы къыхэкIыуи бзэм и зехьакIуэу дэтхэнэ цIыхури лъэпкъым хэтын хуейщ. Бзэм зиужьын, хъума хъун, ефIэкIуэн папщIэ зэрыадыгэ лъэпкъыу я зэфIэкIи, я къаруи, я мылъкуи щымысхьу зызэщIагъэкъуэн хуейщ. Апхуэдэ гупсысэхэм еджакIуэ цIыкIухэр щIыдогъэдэIу, гукъинэж зэрахуэ­хъуным дыхущIокъу.

Ди лэжьыгъэр къапщтэмэ, дерс къэскIэ цIыкIухэм гукIи псэкIи захыдогъащIэ — «Адыгэу зыплъытэжмэ, пIурырелъ адыгэ­бзэр. ЕгъэфIакIуэ, зегъэужь анэ­бзэм!». Адыгэбзэр лъэпкъым и псэщ, и бзэщ. Абы уещI хэкупсэ, укъегъэхъу лъэпкъыпсэу.

Ди къуажэр — Хьэгъунды­къуейр (Али-Бэрдыкъуэ) черкес усыгъэм и гущапIэу ялъытэ. Мы къуажэм къыдэкIащ адыгэ тха­кIуэ, усакIуэ тIощIым нэблагъэ. Ахэр къуажэм я напщIэтелъщ, я гушхуапIэщ. Ар щапхъэгъэ­лъагъуэу зэрыримыкъу щыIэ­къым, абыхэм я лъэужь уиувэныр пщIэшхуэ зыпылъ Iуэху­гъуэщ. Абы къыхэкIкIэ, ди еджа­пIэм «Псынэ» кружокыр щолажьэ.

Абдеж сабийхэм я япэ усэхэр щагъэIу, я гурыщIэхэр, я гу­щIагъщIэлъ хъуэпсапIэхэр усэбзэкIэ къатIэщIу зрагъасэ, адыгэ­бзэм къыхэщыпыкIа псалъэ дахэхэр зэрагъэкIу, зэпащIэ.

Аращ усакIуэ хъуныр къызэрежьэр. ИкIи, усыгъэм и лъа­гъуэ нэхум теува дэтхэнэ сабийри догъэгушхуэ. КъинэмыщIауэ, ди сабийхэм адыгэбзэкIэ зэпеуэ куэдым зыкъыщагъэ­лъагъуэ, сочиненэ гъэщIэгъуэнхэр я Iэдакъэ къыщIокI, я гум илъыр къатIэщIыфу идогъасэ.

Дерсыр классым ущIэсу ебгъэкIуэкIыныр Iуэху щхьэхуэщ. Ауэ сабийр бгыщхьэм дэпшрэ, хэт бгыпэм тесу, хэт мывэ­шхуэм кIэрысу, хэти бгы гъуанэ­жьым къиплъу я къуажэм тепсэ­лъыхьу сочиненэ щатхкIэ, ар нэгъуэщI Iуэхущ, нэгъуэщI бгъэ­дыхьэкIэщ. Сабийм и гурыщIэм щIэлъыр къыщитIэщIыр абдежщ, и адыгэ­бзэри нэхъ дахэу, нэхъ шэ­рыуэу къыздигъэIурыщIэри а дакъи­къэ­хэращ.

Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр фIы дыдэу къагурыдогъаIуэ дэтхэнэ сабийми, аращ адыгэбзэм пщIэ хэха щIыхуащIыр, увыпIэ лъагэ щIратыр. Аращ а гупсысэ узыншэхэр еджакIуэхэм я хьэл-щэнми, я зэхэщIыкIми хэтпщэну дыщIыпылъыр.

Дерсхэр методикэ, гъэсэныгъэ я лъэныкъуэкIи зэщIэIулIауэ ядот, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ доузэд, лъэкIыныгъэу дгъуэтыр идохьэлIэ. Шэрыуэу псэлъэфу, жьабзэ дахэ яIурылъу, я гу­псысэр адыгэбзэкIэ къаIуэтэфу идогъасэ. ЯфIэгъэщIэгъуэну кружок зэхуэмыдэхэм езы цIыкIухэри къокIуэ, тхыдэм епха лэжьыгъэхэр ягъэзащIэ, Iуэры­Iуатэр зэхуэхьэсыным и ужь итщ.

«Дыщэр хыфIэдзи уи бзэр къэщтэж», — жиIащ пасэрейм. Лъэпкъыр зыIэтыр и бзэщ. Бзэр лъэпкъ дамыгъэщ, щIэблэм и дамэщ. Ар анэшэм щIыгъуу къыппкъырохьэри, уи бзэр кIэ­рэхъуэху уи гъусэщ, уи гужьыдэгъэкIщ, уи гупсысэр сэтей къэзыщIщ, гъащIэ Iэпэгъуу уи гъуэгугъэлъагъуэщ. Бзэр пIурыхуамэ, уи дунейр бгъунлъауэ, уеблэмэ быухауэ аращ. Абы къыхэкIыу, адыгэбзэкIэ езыгъа­джэ дэтхэнэ егъэджакIуэми ди лэжьыгъэр, а Iуэху еплъыкIэр доухуэ.

Адыгэбзэр джыныр егъэ­фIэ­кIуэным мыхьэнэ пыухыкIа ириту мэлажьэ Хьэбэз районым и методкабинетри, абы и унафэщI Къуныжь Раи. Илъэс къэс еджапIэхэм деж щрагъэкIуэкI район семинархэр, «Iэнэ хъурейхэр», дерс зэIухахэр, щIэ­ныгъэ-практическэ конференц­хэр, классщIыб лэжьыгъэхэр, мастер-классхэр. Абыхэм псоми ди сабийхэр жыджэру хэтщ. Сабийхэр гушхуэу утыку ихьэфу, зыкъагъэлъэгъуэфу, зыхуейр жаIэфу, утыкум щэныфIэу зыщаIыгъыфу идогъасэ. Ар куэд и уасэщ.

Адэбзэр IэфIщ, анэбзэр гуа­кIуэщ. Абы и IэфIагъыр сабийхэм захедгъэщIэн папщIэ, адыгэбзэ къабзэкIэ дерсхэр зэредгъэкIуэ­кIыным дыхущIокъу. НэгъуэщIуи хъунукъым. Ди бзэм и дахагъым еджакIуэхэм гу лъадгъэтэн мурадкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэ­хэр къыдогъэсэбэп. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэр нэгъуэщI лъэп­къыбзэхэм идопх, щIыдогъэдэIу жьабзэ дахэм, пшынэбзэм ещхь усэбзэкIэ догъэбзэрабзэ. Проект лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр адыгэ­бзэкIэ ядогъэгъэзащIэ. Бзэр кIуэ пэтми нэхъ едгъэфIэкIуэн мурадкIэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ­хэр идогъэкIуэкI, лъэпкъ тхыдэм ирыдогъаплъэ, щыгъуазэ дощI, тестхэр къадогъэщI, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм хыдошэ.

Мы дунейм фIыгъэу тетыр уи быным хэплъхьами, анэбзэр IэщIэхуамэ, ахэр зыри иIысыжкъым. Сыту жыпIэмэ, нобэ хэти дунейм дызэрытетыр зи фIы­гъэр ди лъэпкъращ. Ар дэтхэнэми тхуэгъэзауэ ттелъ Хэку щIы­хуэщ. Ауэ ар быпшынын папщIэ узыхуейр мылъкушхуэкъым, зэфIэ­кIышхуэкъым — атIэ уи быным анэбзэр Iурыплъхьэн закъуэращ.

КЪУЩХЬЭ Мадинэ.