Анэдэлъхубзэм и Iуэхур дэкIын папщIэ
Дэтхэнэ зы лъэпкъри уахътыншэ зыщI нэщэнэ нэхъыщхьэщ бзэр. Лъэпкъым зихъумэжыну игу илъмэ, псом япэу ар зыхуэсакъыпхъэр и анэдэлъхубзэр зэрыфIэмыкIуэдынырщ.
Ар къазэрыгурыIуэн зэхэщIыкI зиIэ цIыхухэри аращ апхуэдизу щIригузавэр ди бзэм и къэкIуэнум. УсакIуэм и псалъэкIэ жыпIэмэ, «бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр» (Бещтокъуэ Хьэбас). Нобэ абыкIэ зэи хуэмыдэжу шынагъуэ къыткIэщIэзэрыхьащ лъэпкъ мащIэхэм.
Урысей Федерацэм и къэрал хабзэхэм щыубзыхуащ лъэпкъхэм я бзэхэм яIэн хуей увыпIэр. Хабзэ Нэхъыщхьэм (Конституцэм) и 26-нэ статьям щыжеIэ дэтхэнэ зыми и анэдэлъхубзэр къигъэсэбэпыну, зэрыпсэлъэну, зэригъэсэну, зэреджэну, зэрылэжьэну бзэр езым къыхихыжыну хуитыныгъэ иIэу.
КIэщIу жыпIэмэ, иужьрей илъэсхэм ди къэралым иIэ хъуащ лъэпкъхэм я бзэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ лъабжьэ быдэ. Ар къагъэсэбэпурэ лъэпкъ республикэхэм ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр зыIэрагъэхьащ я лъэпкъыбзэхэм нэхъ къару иратын, абыхэм я мыхьэнэм хагъэхъуэн я лъэныкъуэкIэ. Псом хуэмыдэу а IуэхумкIэ япэ ищащ Тэтэрстанымрэ Башкортостанымрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрми 1995 гъэ лъандэрэ щызокIуэ ди республикэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм теухуа законыр. Абы ипкъ иткIэ, дэ диIэщ къэралыбзэу щы: адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр, урысыбзэр. Ахэр я хуитыныгъэкIэ зэхуэдэу щызекIуэн хуейщ республикэм и къэрал, жылагъуэ IэнатIэ псоми. А хабзэр гъащIэм хэпща хъуным хуэунэтIауэ къэрал программэ щхьэхуи къащтауэ щытащ, икъукIэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIиубыдэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, закон зэхэплъхьэныр нэхъ тыншщ, ар бгъэзэщIэным нэхърэ. Пэжщ, ар езыри щызэхалъхьэм щыгъуэ тхузэфIэкIынум и инагъыр къамылъытэу къыщIагъэлъэIуауэ къыщIэкIынут. Ауэ мымащIэу Iуэхур къилъэхъащ емыгугъуныгъэми.
Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, бзэхэм я IуэхухэмкIэ комиссэ е комитет, президентым е правительствэм егъэщIылIауэ зэпымыууэ щолажьэ Урысейм и республикэхэм я нэхъыбэм икIи абыхэм я фIыгъэкIэ бзэм и Iуэхур а щIыпIэхэм нэхъыфIу щыдокI. АтIэми, «бзэр псоми ди зэхуэдэ Iуэхущ» жыпIэмэ, ар зыми и мыIуэхуу къыщIедзыж. Си гугъэмкIэ, щIэблэ къэхъум и анэдэлъхубзэр егъэджыныр бзэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. ЩIэныгъэм щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ: зи цIыху бжыгъэр мащIэ лъэпкъым и бзэр хъума хъун, къызэтенэн папщIэ хэкIыпIэрэ Iэмал нэхъыщхьэу щыIэр а бзэмкIэ школым щегъэджэн хуейуэ аращ.
Бзэр хъума хъунымкIэ егъэджэныгъэ системэм иIыгъ увыпIэм, иIэ мыхьэнэм ехьэехуэу иджырей лъэхъэнэм къалъытэ телевиденэр. Ауэ абыи адыгэбзэм зэманышхуэ къыщылъысрэ? Аращи, сабийр гущэм щыхэлъым къыщыщIэдзауэ нэхъыбэу зэхихыр адыгэбзэкъым. Апхуэдэурэ кIуэмэ, зэман гъунэгъум къалэр къэгъэнауэ, адыгэ къуажэхэми адыгэбзэкIэ сабийхэр щымыпсэлъэжу хъунущ.
Мыр едгъэлейуэ къыфщымыхъун папщIэ, щапхъэ къэтхьыну дыхуейщ, абы щыхьэт техъуэу. 1994 гъэм Тыркум щыпсэу адыгэхэм я деж экспедицэ дыкIуауэ щытащ, я бзэ, я хабзэ сытхэм дыкIэлъыплъыну. Къайсэр лъэныкъуэкIэ адыгэ фIэкIа нэгъуэщI лъэпкъ яхэмысу къуажэ пщIы бжыгъэхэр щыIэщ. Абыхэм дэс балигъхэр уэрсэру адыгэбзэкIэ къыдэпсалъэрт, сабийхэм анэдэлъхубзэм и пIэкIэ яIурылъыр тыркубзэт, кIуэ, зыгуэр тIэкIу къагурыIуэу арат анэдэлъхубзэмкIэ. Абы и щхьэусыгъуэм дыщIэупщIати, къыджаIар мыращ: апхуэдэу зэрыхъурэ куэд щIакъым — иужь илъэс I5-20-рщ. Ар нэхъыщхьэу зи ягъэу къалъытэри канал куэдкIэ тыркубзэкIэ къахэпсэлъыхь телевиденэрщ: еджапIэм макIуэри тыркубзэкIэ йоджэ, унэм къокIуэжри тыркубзэ телевизорым йоплъ. Аращи, абы теша мэхъу. Иджыри нэгъуэщI зы щапхъэ. Инджылызым и Уэльс щIыпIэм щыIэщ лъэпкъ мащIэ, валиибзэ жыхуаIэр яIурылъу. Инджылызыбзэм къыдигуэурэ хэкIуэдэж щыхъум, а лъэпкъым и интеллигенцэм зыкъаIэтащ, я бзэр хъума хъунымкIэ къэралыр къадэIэпыкъуну къагъэуву. Псом япэуи абыхэм правительствэм паубыдар я бзэкIэ лажьэ телеканал къызэгъэпэщынырщ. Валиибзэ езыгъэдж егъэджакIуэхэм жаIэрт апхуэдизу гугъу зыдрагъэхьу сабийм ирагъащIэ анэдэлъхубзэр жэщи махуи телеэкраным къиIукI инджылызыбзэм сабийхэм зэраIэпиудыжыр, апхуэдэ щIыкIэкIи я лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрыхъур. Британием и правительствэм и унафэкIэ, I980 гъэм Уэльсым «ЕплIанэ канал» жыхуаIэр иратауэ щытащ, валиибзэ защIэкIэ лэжьэну, абы лъандэри валиибзэр ассимиляцэм пэщIэтыф хъуащ. Ди бзэр тхъумэнымкIэ, абы и къарум хэдгъэхъуэнымкIэ ахэри хэкIыпIэфI дыдэ хъунут.
БИЩIО Борис, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор.