Top.Mail.Ru

Диаспорэм адыгэбзэр зэрегъэджын тхылъ

Image description

Адыгэбзэр хэхэсхэм егъэджынымкIэ сыт щIэн хуейр, дауэ узэрыбгъэдыхьэн хуейр? Мы упщIэм псори арэзы къэзыщIын жэуап тхуетынкъым, ауэ, дэ дызэреплъымкIэ, диаспорэм адыгэбзэр зэрыщегъэджынымкIэ езым и методикэ щхьэхуэ иIэжын хуейщ икIи а методикэр адыгэр зэрыс щIыпIэм, абы зэрыщыпсалъэ бзэм елъытауэ зэхэлъхьэн хуейщ.

Ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэралы­гъуэхэм дэтхэнэ бзэр къыщагъэсэбэпми пщIэуэ, а бзэхэм я гъэпсыкIэр адыгэбзэм къызэрыщхьэщыкIым ипкъ иткIэ, зыIущIэну гугъуехьхэр къыбгурыIуэу егъэджын хуейщ. Псалъэм папщIэ, нэгъуэщI бзэкIэ псалъэуха псокIэ къэпIуа­тэ хъуныр адыгэбзэм зы псалъэкIэ къыжыпIэ мэхъу:

Сыноплъ [sinoplh] — Ben sana baklyorum

Сыкъыбдофэ [siqibdofi] – Ben seninle dans ediyorum

Адыгэбзэр зэрадж тхылъ куэд хэкум къыщагъэсэбэп, ауэ абыхэмкIэ хэхэсхэм адыгэбзэр ебгъэщIэну тыншкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэбзэр зыдж хэкурысымрэ хэхэсымрэ зыкъым. Япэ­рауэ, адыгэ хьэрфылъэр Кирилл алфавитым тету зэрызэхэлъхьам къыхэкIкIэ, къэралым къыщагъэсэбэп тхыпхъэм тохуэри, хэкурысыр тыншу еджэн хуожьэ. ЕтIуанэ­рауэ, хэкурысым адыгэбзэр и унагъуэми, еджапIэми, уэрамми щызэхех, къыщи­гъэсэбэпын утыку йохуэри, Iэмалыншэу зэригъэщIэн, ирипсэлъэн хуей мэхъу. Хэхэс адыгэм уеплъмэ, гугъу ехьу зэригъэщIа адыгэбзэр зэрыщымыгъупщэн къудеймкIэ зэригъэлIэлIэн хуейщ, уеблэмэ, къыщигъэсэбэпын утыкури езым къилъыхъуэжын хуей мэхъу. Абы къыхэкIкIэ диаспорэм адыгэбзэр щебгъэджын папщIэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуиIэн хуейщ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, япэрауэ, дуней псом хамэбзэр щаджкIэ бзэщIэныгъэм теухуауэ дерсхэр А1, А2, B1, B2, C1, С2 жыхуиIэу зэрызэхэхам хуэдэу, адыгэбзэкIи абы ещхьу зэгъэзэхуэн хуейщ:

• ПэщIэдзэ щIэныгъэ (A1, A2)

• Курыт щIэныгъэ (B1, B2)

• ЩIэныгъэ куу (C1, C2)

Хэкум дыкъикIауэ Тыркум илъэс бжыгъэкIэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щедгъаджэ щыхъум, дэри, зи гугъу тщIа Iуэхушхуэм и къегъэжьапIэу, тхузэфIэкI лэжьыгъэкIэ дыхыхьэну мурад тщIащ. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэм и грамматикэр ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэс, нэгъэсауэ тыркубзэкIэ къэзыгъэлъагъуэ тхылъ дгъэхьэзыращ. Иджыпсту тхылъыр къред­гъэджыкIыжу къызэрыдэдгъэкIыным иужь дитщ. Ди IэдакъэщIэкIыр, адыгэбзэр етIуанэ бзэуэ щрагъэджкIэ, щIэдзапIэ, курыт, куу гъэпсыкIэм елъытауэ ягъэхьэ­зырыну лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъуну къыдолъытэ. ЩIэныгъэр и лъабжьэу зэхэлъхьа зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, мы тхылъыр еджапIэхэми егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэхэми (университетхэми) къыщыбгъэсэбэп хъунщ. Ди IэдакъэщIэкIыр, псом нэхъапэ, Тыркум ис адыгэм хуэгъэзами, абы имызакъуэу, тыркубзэр зыщIэу адыгэбзэр зыджыну мурад зиIэ дэтхэнэ зы цIыхуми хуэщхьэпэнущ. Тхылъыр щызэхэтлъхьэм, тыркубзэмрэ хамэбзэмрэ джынымрэ къегъэщтэнымкIэ и къэпщытакIуэ центр TÖMER-ым къыдагъэкIа тхылъхэр, Аюб Гениш урысыбзэ зыщIэу тыркубзэ зыджынухэм ехьэлIауэ игъэ­хьэзыра «Тыркубзэм и грамматикэ» тхылъыр, абы нэмыщI урысыбзэр хамэбзэу егъэджынымкIэ къагъэсэбэп методикэхэм дахэплъэурэ ттхащ. Адыгэбзэм и грамматикэм телэжьыхьа щIэныгъэлIхэу Урыс Хь., Джаурджий Хь, Iэмырокъуэ И. сымэ я IэдакъэщIэкIхэри, хэкум адыгэбзэ щаджкIэ зэрылажьэ тхылъхэри тегъэщIапIэ тщIащ. Дызэрыт илъэсым и кIэм нэмысу фи пащхьэ къитлъэну тхылъыр тыркубзэр зыщIэ дэтхэнэ зы цIыхуми, и унэм щIэмыкIыу, адыгэбзэр езыр-езыру зэрызригъэщIэфын «Iэмэпсымэу» жыпIэми хъунущ. Нобэрей зэманым бзэр щаджкIэ къагъэ­сэбэп технологиехэр зыдэдгъэIэпыкъу­урэ, хьэрф къэс видео яхуэдгъэхьэ­зырри QR-код яхуэтщIыжащ. Дэ бзэр тхъумэху бзэм дэ дыкъихъу­мэжынущ!

Гъуэгунокъуэ Лизэ, Тэнащ Тамарэ.