Top.Mail.Ru

Гуащэмыдэ и адыгэбзэ дерсхэр

Image description

— Илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэкIэ анэдэлъхубзэр хъумэным, щIэблэм ар яIурылъхьэным зи гуащIэ хуэзыгъэтIылъ цIыхум къикIуагъых­хэ гъуэ­гуанэр сытым пэпшэч хъуну, дапхуэдиз къарурэ шыIэны­гъэрэ хэлъыпхъэ апхуэдэм?

Адыгэ тхыбзэм и Махуэр гъэлъэпIэным — гъатхэпэм (мартым) и 14-м хуэкIуэу, Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ ВакIуэ-Жылэ (Дохъушыкъуей) адыгэ къуажэжьым дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Мурат и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм деблэгъащ. ЗыIудгъэ­щIащ абы щылажьэ ДжэдыгущIэ (Темырдащхэ япхъущ) Гуащэмыдэ Долэтджэрий и пхъум. Гуащэмыдэ Бэралъкъы къуа­жэм къыщалъхуащ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэрэшей-Черкес къэрал пединститутым филологиемкIэ и факультетым, урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэкIэ егъэджакIуэу.

Егъэджэныгъэ къудамэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр къыхалъытэкIэ­рэ, абы «УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» щIыхьыцIэ лъагэр къыхуагъэфэщащ.

Къыхэгъэщыпхъэщ мы еджапIэм деж анэ гуащIафIэм щIыгъуу ипхъу Фатимэ (Сэитхэ я нысэщ) къызэрыдэлажьэр. Абыи, и анэм хуэдэу, и лэжьыгъэ, гуащIэ ин адыгэбзэр хъумэным триухуащ. Ищхьэ нагъыщэ зиIэ егъэджакIуэщ. ЕгъэджэныгъэмкIэ Iуэху зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэ­дэлъ анэм и лэжьыгъэм и пыщакIуэщ.

— Гуащэмыдэ, адыгэ тхыбзэм и дыгъуасэр, и нобэр, и пщэдейр дауэ уэ зэрыплъа­гъур?

— Лъэпкъым и бзэри, и гъэ­сэныгъэри зэкIуэлIэжыр бзэращ. Сыт хуэдэ зэмани бзэр хъумэным цIыху къэс хуиIэ бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэшхуэ хуищIын хуейщ. ЕгъэджакIуэм, лъэпкъыбзэр щIэблэм яIурызылъхьэм, къыхуэув къалэныр гугъум я нэхъ гугъужщ.

1975 гъэм ВакIуэ-Жылэ курыт еджапIэм сыкъыIухьауэ щытащ. А зэманым, псалъэм папщIэ, математикэр зэрырагъэджу щытар адыгэбзэт. СощIэж, апщыгъуэм Дагъыстаным къикIри ди къуажэм зы пщащэ цIыкIу къытхуагъэкIуати, вакIуэжылэ­дэсхэм адыгэбзэ ирагъащIэри ягъэкIуэжауэ щытащ.

Иджы зэрыхъур нэгъуэщIщ: къалэм къикIыу къуажэм къэ­кIуам урысыбзэкIэ къуажэдэсхэр егъэпсалъэ. ЕджапIэм деж сабийхэр хамэбзэкIэщ зэрызэ­псалъэр, зэрызэгурыIуэр. Адыгэбзэр IэщIыб ящIри, хамэбзэр ягъэшэрыуэ. ЩIэблэм анэбзэм фэ зэрырамыплъыр щыплъагъу­кIэ, уи щхьэфэцыр мэхъей.

Дерсыр щекIуэкIым деж мы­адыгэбзэ псалъэ цIыкIухэм къы­хагъахуэу, къаупсэлъу здэкъым. ЕджакIуэм епплъ фэращ уэри къыуиплъыжынур. ВакIуэ-Жылэ къуажэм дэсхэр дызэрыпсалъэр «беслъэнеибзэращи», гугъу демыхьу къанэкъым къэбэрдей тхэкIэр ядгъэцIыхунымкIэ. Арами, зэрыхъукIэ зэманым къыхилъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм зыдыдогъэкIу.

— Иджырей лIыщIыгъуэм къытхуигъэув Iэмалхэр: технологиехэр, псом хуэмыдэу Интернетыр, дауикI, щхьопэ егъэджакIуэм и лэжьыгъэм, еджакIуэм и зыузэщIэныгъэм. Уэ дауэ уеплърэ, апхуэдэ лъэ­кIыныгъэхэр адыгэбзэр егъэ­джынымкIэ сэбэп хьэмэрэ зэран?

— Iэджэри си цIыкIухэм чэнджэщ язот Интернетым ихьэу адыгэбзэр здадж напэкIуэцIхэм зыпащIэну. Хэкупсагъым теухуа лэжьыгъэхэр ястурэ зэпызо­гъауэ, я гупсысэм и къэухьыр согъэунэху.

Псалъэм папщIэ, Дохъушы­къуей къуажэр илъэс 200-м зэрырикъуам ипкъ иту, «Си къуажэ» зи фIэщыгъэцIэ Iуэрытхыр гунэс ящыхъуу яхуедгъэкIуэ­кIащ. Абдеж къыщагъэлъэгъуащ къуажэм и тхыдэм зэрыщыгъуа­зэр, кърат­хэкIащ я нэхъыжьхэм, я адэ-анэхэм къыжраIэжа хъыбарыжьхэр. Пэжщ, еджакIуэ псоми ябгъэдэлъ щIэныгъэр зэхуэдэ­къым. Ауэ сэ езгъаджэ­хэм я нэхъыбэм ядызолъагъу адыгэбзэр фIыуэ зэралъагъур, бзэпсэу зэрыщытыр.

— Узэрылажьэ методикэм теухуауэ сыт къытжепIэфын щIэщыгъуэу, нэгъуэщI егъэджа­кIуэхэм яйм къащхьэщыкIыу?

— Япэрауэ, нэхъ тегъэщIапIэ сщIыхэм ящыщщ урысыбзэр адыгэбзэкIэ зэрегъэдзэкIыныр. Ар хуабжьу сабийхэм къохьэ­лъэкI, ауэ я бзэр екъутэ, я гупсысэр нэхъыбэм хуешэ. Класс нэхъыжьхэм — Iэмал зэриIэкIэ доклад къазогъэщI, классщIыб лэжьыгъэ куэду язот, тхылъ щIызогъэджыкI, ар къазэрыщы­хъуа-къазырыгурыIуар иужьым къызжаIэж. Теплъэгъуэ зэхуэмыдэхэр догъэхьэзыр, къыдогъэ­лъагъуэ.

ЕтIуанэрауэ, си щхьэкIэ къэсщтэнщи, ди лъэпкъыбзэмкIэ къыдэкIыу диIэ адыгэ газет закъуэм — «Черкес хэку»-м и къыдэкIыгъуэ къэс соджэ, къызолъыхъуэ еджакIуэхэм къащхьэпэну, гъэщIэгъуэн ящыхъуну тхыгъэ кIэщIхэр: ирехъу ар хъы­бар, таурыхъ, усэ. Сакъыходжэ, зэрагъэщIэну къалэн ящызощI.

— Узыбгъэдэт лэжьыгъэм лъэныкъуэ гуэркIэ ебгъэфIа­кIуэ­у е щIэщыгъуэ гуэр хэплъхьэ­ну ущIэхъуэпсрэ, Гуащэмыдэ…

— Пэжыр жысIэнщи, сыхуейт адыгэбзэкIэ езгъаджэхэр тхэнкIэ зэпезгъауэу, я зэфIэкIыр наIуэ сщIыну. Ятхар къэтпщытэжа нэужь, лэжьыгъэ нэхъыфIхэр газетым къытеддзэмэ, сабийхэр гушхуэнут, еджэнми нэхъри дихьэхынут. Абы къинэмыщIауи, республикэ хъыбарыбэ IэмалкIэ еджакIуэ нэхъыфIхэм я цIэхэмрэ я сурэтхэмрэ хэIущIыIу зэрытщIар гукъэкIыж дахэу къахуэнэнущ. Ари уасэншэщ. А си мурадыр къыздэфIыгъамэ, IуэхуфI дыдэ хъунт, сэбэпышхуи зыхэлът.

— Шэч къытомыхьэ зэ­рыб­дэтIыгъынум, Гуащэмыдэ. Зэпеуэхэр евгъэкIуэкI, лэжьыгъэхэр къытхуевгъэхь. Газетыр нэхъыщхьэу зыхуэлажьэр къыдэкIуэтей щIэблэм и къэ­кIуэнуращ. ФыхущIигъыхьэ!

Епсэлъар  ЛЫХЬ Тимурщ.